Хэку зауэшхуэм и тхыдэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм курыт еджапIэхэм сыхьэтипщI нэхърэ мынэхъ мащIэ зэманрэ абы хуэфэщэн дерс бжыгъэрэ хухахыу зэрыщытар куэдым ящIэж. Къэралым щытепщэ идеологием зызэрихъуэкIа нэужь, дунейпсо, къэралпсо икIи щIыналъэпсо тхыдэмкIэ тхылъхэр уэру къыдэкI хъуащ, щхьэж и еплъыкIэрэ и гурыIуэкIэрэ елъытауэ тхыдэ Iуэхугъуэхэм хухах сыхьэт бжыгъэми зихъуэжу хуежьащ. Къэралым и экономикэмрэ иIэ политикэ гъэпсыкIэмрэ ятеухуа дерсхэр нэхъыбэ хъури, лъэпкъхэр зэзыгъэуIу, гъунэгъу зэхуэзыщI къэхъугъэхэм ягъуэт гулъытэр хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ хъуат. Иужьрей илъэс зыбгъупщIым курыт еджапIэхэм тхыдэм щыгъуазэ зэрызыхуащI тхылъхэм уеплъмэ, Хэку зауэшхуэм ехьэлIауэ къыщыIэта Iуэхугъуэхэр сыхьэтитI-сыхьэтищыр мащIэщ, и купщIэр къибгъэтIэсэфыну. Ар къэралышхуэм щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я тхыдэм а тхылъхэм щагъуэт увыпIэм и гугъу умыщIыххи, абыхэм ихуэмэ, къызэраIуатэ щIыкIэм утемыпсэлъыхьыххи...
ЩыIэ щытыкIэм зэрызихъуэжынур, Хэку зауэшхуэр джыным курыт еджапIэхэм щыхухах сыхьэт бжыгъэм зэрыхагъэхъуэнур иджыблагъэ Урысейпсо дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм и зэIущIэм къыщыжиIащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.
ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Президентым и лIыкIуэ, щIыуэпсыр зехьэнымкIэ, экологиемрэ цIыхухэр къешэкIынымкIэ и чэнджэщэгъу, Урысейпсо дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм Мылъкур зегъэкIуэнымкIэ и советым и унафэщI Иванов Сергей, УФ-м и Президентым и дэIэпыкъуэгъу, Урысейпсо дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Мединский Владимир, нэгъуэщIхэри.
«Нэхъапэхэм Хэку зауэшхуэм и тхыдэр джыным хухахыу щыта сыхьэт бжыгъэр фIыуэ нэхъыбэ тщIащ. ДяпэкIэ ар сыхьэт 18-м нэдгъэсыну ди гугъэщ. Дерс щхьэхуэхэр мыхьэнэшхуэ зиIа Сталинград зауэмрэ Курск танк зэхэуэмрэ тещIыхьауэ щытынущ. Иджыри къыздэсым тхузэфIэмыкIауэ, дяпэкIэ къэралым ит курыт еджапIэхэр псори зы жыпхъэм ит тхылъхэмкIэ еджэнущ. Иджыпсту 5-11-нэ классхэм папщIэ зэхэдгъэува тхылъхэм я гъэпсыкIэм, ихуа Iуэхугъуэхэм я къэIуэтэкIэм, дерс лэжьыгъэхэр зэрызэкIэлъыхьа щIыкIэм щIэныгъэлIхэр хоплъэж, ар хьэзыр зэрыхъуу къэпщытакIуэхэм иратынурэ егъэджэныгъэмкIэ щыIэ къэралпсо мардэхэм хуагъэкIуэнущ, тхыдэр ебгъэджыну хуит узыщI реестрми зэрыхэдгъэувэнум дытелэжьэнущ. А лэжьыгъэ дыдэр обществознаниемкIи йокIуэкI», – жиIащ Кравцов Сергей.
Апхуэдэу министрым къыхигъэщащ зи унафэ ищI къулыкъущIапIэмрэ Урысейпсо дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэмрэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэдрагъэкIуэкIыр, ТекIуэныгъэр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу пэхуэщIэ зыбжанэ къызэрызэдыхалъхьар. Щхьэхуэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIалэгъуалэм дегъэкIуэкIыпхъэ гъсээныгъэ лэжьыгъэм иIэн хуей унэтIыныгъэхэм. Абы хуэгъэпсащ, псалъэм папщIэ, тхыдэмкIэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтыну хуей ныбжьыщIэхэм папщIэ Урысейпсо дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм и нэIэ щIэту абыкIэ дерсхэр куууэ щрагъэкIуэкI классхэр къызэрызэIуахынур.
ШУРДЫМ Динэ.