КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ «Яндекс. ЗэдзэкIакIуэ» федеральнэ хъым папщIэ щIыналъэ проектыр зэхэзылъхьа щIалэхэм икIи тепсэлъыхьащ анэдэлъхубзэхэр хъумэнымкIэ, зегъэужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, Лэскэн районым гъэсэныгъэмкIэ щыIэ унафэщIхэм я чэнджэщэгъухэр зэзыгъэуIу Жылэгъащтэ Хьэчим, Къэрэшей-балъкъэр щIалэгъуалэм зегъэужьынымкIэ «Эльбрусоид» фондым и Налшык къудамэм и Iэтащхьэ Анаев Марат, «Ростелеком» ПАО-м проектхэмкIэ и унафэщI Сэрахъэ Алан, Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №4-м и 11-нэ классым щIэс Мамхэгъ Алим, республикэм и курыт еджапIэхэм адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ щезыгъэджхэр.
Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъазэри, республикэм и унафэщIым жиIащ 2024 гъэм и кIэухым еджакIуэхэм щахуэзам Мамхэгъ Алим проектым и гугъу къызэрыхуищIар. Iэтащхьэм фIыщIэ яхуищIащ лэжьыгъэр зыгъэзэщIахэм.
- Анэдэлъхубзэр хъумэныр иджыпсту нэхъыщхьэу къэув Iуэхухэм ящыщщ, псом хуэмыдэу лъэпкъ куэд зэрыс ди къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ абы. 2022 гъэм ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм игъэувауэ щытащ 2022 - 2032 илъэсхэр Лъэпкъхэм я бзэхэм я дунейпсо илъэсипщIу. Урысейм щагъэзащIэ а Iуэхур, Правительствэм игъэбелджыла лэжьыгъэм тету. Дызэрыс къэралым дежкIэ лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэр хъумэным мыхьэнэ иIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, аращ абы и къэралыгъуэм лъабжьэ хуэхъур. Ар мызэ-мытIэу къыхигъэщащ УФ-м и Президент Путин Владимир. А лъабжьэр нэхъри гъэбыдэныр къэрал къалэну щытщ. НобэкIэ федеральнэ, щIыналъэ программэ куэд ягъэзащIэ егъэджэныгъэм, щIэныгъэм зрагъэужьыным теухуауэ: школыщIэхэр доухуэ, жьы хъуахэр къыдогъэщIэрэщIэж, зыхуей-зыхуэфIкIэ къызыдогъэпэщ, егъэджакIуэхэм ахъшэ щхьэхуэхэр яхухыдох, я улахуэр гъэ къэс проценти 10-кIэ яхухыдогъахъуэ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
«Яндекс. ЗэдзэкIакIуэ» федеральнэ хъым адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ хагъэхьэн папщIэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм, нейросетым и бета-Iэмалыр къагъэсэбэпу зэрыщIадзам (CircassianAI, TauluAI) теухуауэ къэпсэлъащ Жылэгъащтэ Хьэчим.
- Дгъэхьэзыра нейросетхэр и лъабжьэу чат-ботхэр, джэгукIэхэр, аудио-видео материалхэр дяпэкIэ къэдгъэсэбэпыфынущ. Ар хуабжьу къащхьэпэнущ егъэджакIуэхэм, дерсыр щагъэхьэзыркIэ куэд къалъыхъуэн хуэмейуэ дакъикъэ бжыгъэм хьэзыру къаритынущ, - жиIащ Хьэчим.
ЩIалэщIэм къызэрыхигъэщамкIэ, а псори къэгъэIурыщIэн папщIэ Iэмэпсымэхэр яIэкъым, апхуэдэуи, лъэпкъыбзэр Интернетым щымащIэщ.
Электрон Iэмалхэмрэ смартфонхэм щхьэкIэ гуэдзэнрэ къызэрызэгъэпэщыпхъэм тепсэлъыхьащ Анаев Марат. Абы зэрыжиIамкIэ, фильмхэр, мультфильмхэр, уэрэдхэр, джэгукIэхэр ягъэхьэзыр.
- Бжыгъэр зи лъабжьэ технологиер щытепщэ хъуа лъэхъэнэм щIалэгъуалэм я щхьэм илъыр аращ. Дэ ахэр абы къытхукIэрышынукъым, атIэ ди сэбэп къыхэкIын хуэдэу къагъэсэбэпу зэтеублэн хуейуэ аращ. Анэдэлъхубзэр хъумэным гугъуехь куэд пыщIащ, дауи, ауэ делэжьмэ, тхузэфIэкIынущ, - жиIащ Анаевым.
ЕгъэджакIуэхэм къаIэта упщIэхэм ящыщщ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм ядэIэпыкъуныр, зэрырагъаджэ тхылъхэр къыдэгъэкIыныр, лъэпкъыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я пщIэр къэIэтыныр, бзэм хухэха дерсхэм я бжыгъэр нэхъыбэ щIыныр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм и кIэухым Iэтащхьэм фIыщIэ яхуищIащ лъэпкъыбзэмкIэ егъэджакIуэхэми проектым елэжьахэми икIи къыхигъэщащ анэдэлъхубзэхэр хъумэным, зегъэужьыным зэрыхущIэкъум, абы ехьэлIа жэрдэмхэр утыку къызэрырахьэм папщIэ зэрахуэарэзыр, зи гугъу ящIа псоми щхьэхуэу зэрыхэплъэнури къыхигъэщащ.