Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и еханэ зэхыхьэгъуэм хэтхэм КъБР-м и Iэ-тащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ. ЗэIущIэм щытеп-сэлъыхьащ иужьрей илъэсищым ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм, адэкIэ къапэщытхэм.
Граждан жылагъуэм и щIыналъэ институтым и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм тепсэлъыхьащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий. Я нэIэ щIэт Iуэхухэр зэрекIуэкIым и гугъу ящIащ Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ, палатэм и комиссэм социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и унафэщI Шинкаревэ Наталье, палатэм и комис- сэм щэнхабзэмкIэ, псэкуп- сэ щIэиныр хъумэнымкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и унафэщI Мэзукъэбз Аслъэн, Шэрэдж щIыналъэм и жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Чеченов Георгий сымэ.
Республикэм и Жылагъуэ палатэр и IуэхущIафэр къызэрызэгъэпэщакIэ, зэIухауэ зэрыщытымкIэ къэралым нэхъыфIу къыщалъытаи 10-м ящыщщ. 2024 гъэм абы Урысейм и президент хэхыныгъэхэр щекIуэкIым жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэхэр къызэгъэпэщынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ. Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэу 900-м нэблагъэ - егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр, студентхэр, хьэрычэтыщIэхэр, пенсионерхэр, волонтерхэр - республикэм хэхыныгъэхэр хабзэм тету зэрырагъэкIуэкIым кIэлъыплъу щыIащ хэхыпIэ щIыпIэхэм. Нэгъабэ и бжьыхьэм КъБР-м и Жылагъуэ палатэм ди Президент Путин Владимир къыбгъэдэкI ФIыщIэ тхыгъэ къыIэрыхьащ.
Жылагъуэ палатэм и къалэн нэхъыщхьэу къонэж лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ зэрагъэзащIэр, урысей псэкупсэ-гъэсэныгъэ лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр хъумэныр жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэм щIигъэтыныр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Хэку зауэшхуэм и къэхъугъэхэмрэ и лIыхъужьхэмрэ я тхыдэ фэеплъыр хъумэным, худэчых зиIэ цIыхухэр хущхъуэкIэ къызэгъэпэщыным, экологие шынагъуэншагъэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм, республикэм и жылагъуэхэр зэIузэпэщ щIыным, бюджет IуэхущIапIэхэр ухуэным, зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыным, нэгъуэщIхэми теухуа Iуэхухэм.
- Республикэм и граждан жылагъуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыпэщыт жылагъуэ-политикэ къалэнхэр зэфIэхынымкIэ щыIэ, мылъкум темылажьэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ зэгъусэу едгъэкIуэкI Iуэхум адэкIи къыпытщэнущ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.