УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием хэт, Санкт-Петербург щыпсэу икIи щылажьэ ди хэкуэгъу сурэтыщI цIэрыIуэ СэвкIуий Хьэмид и лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием. «Гу» зыфIаща выставкэмкIэ зэхуащIыж художникыр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща Iуэхухэр. Абы ехьэлIауэ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр Налшыки щекIуэкIауэ щытащ.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ иужьрей илъэсипщIым СэвкIуийм и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщ сурэт 70-м щIигъу, скульптурэ 30. Апхуэдэу абы щагъэлъагъуэ классикхэм я тхыгъэхэм къытрищIыкIа, IуэрыIуатэр зи лъабжьэ и графикэ лэжьыгъэхэри.
Хьэмид и лэжьыгъэхэр Кавказым ис лъэпкъхэм я мызакъуэу, къэралым, дуней псом щафIэхьэлэмэтщ.
СэвкIуий Хьэмид Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэпхъукIыу Къэзахъстаным и Джамбул къалэм щыпсэуа адыгэ унагъуэм 1964 гъэм къыщалъхуащ. 1979 гъэм ар Налшык къэIэпхъуэжащ. СурэтыщI цIэрыIуэ Сындыку Анатолэ и лъэщапIэм щIэх-щIэхыурэ зэрыкIуэм къыхэкIыу а IэщIагъэм дихьэхащ Хьэмид. ЯпэщIыкIэ ар щеджащ Ставрополь пединститутым и художественно-графикэ факультетым, иужькIэ живописымкIэ, скульптурэмрэ архитектурэмкIэ Репиным и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт институтым монументальнэ живописымкIэ и къудамэм.
ЕгъэджакIуэхэм я лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ институтым къыщызэрагъэпэщхэм 1996 гъэм щыщIэдзауэ Хьэмид и Iэдакъэ къыщIэкIахэри илъэс къэс хегъэхьэ. Абы гъуазджэм и лIэужьыгъуищым - графикэм, живописым, скульптурэм - ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ.
1997 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентымрэ Правительствэмрэ я унэхэм папщIэ игъэхьэзыращ «Иван Грозный принимает кабардинскую делегацию», «Выход пахарей» декоративнэ лэжьыгъэхэр.
2000 гъэм Барселонэ (Испание) щекIуэкIащ абы и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. 2002 - 2006 гъэхэм (живопись, графикэ, пхъэм къыхэщIыкIа скульптурэхэр) Нидерландхэм (Амстердам, Гаудэ) и «Goda» галереем. Москва, Санкт-Петербург Самарэ жыпIэми, нэгъуэщI къалэхэми щIэупщIэшхуэ щиIэу щекIуэкIащ Хьэмид и выставкэхэр. Ар хэтащ Урысейм и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэу Китайм къыщызэрагъэпэщам, урыс щэнхабзэмкIэ Ни- дерландхэм щекIуэкIа фестивалым.
СэвкIуий Хьэмид и Iэдакъэ къыщIэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъыр. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и пщIантIэм 2007 гъэм щагъэуващ.
Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм 1996 гъэм СэвкIуийр хагъэхьащ. А гъэ дыдэм къыхуагъэфэщащ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и ЩIыхь тхылъыр. 1999 гъэм медаль тыгъэ къыхуащIащ Москва КъегъэлакIуэ Христос и цIэр зезыхьэ и члисэр къэгъэщIэрэщIэжыным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIам папщIэ. 2005 гъэм ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и дыжьын медалыр къыхуагъэфэщащ. 2007 гъэм ХудожествэхэмкIэ Урысей Ака-демием и член-корреспондент цIэр къыфIащащ.
СэвкIуий Хьэмид и лэжьыгъэ телъыджэхэр щахъумэ къэралым и музейхэм, Урысейм, Китайм, Испанием, Нидерландхэм, Германием, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэууэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIахэм дихьэххэм я уней гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ. 2000 гъэм щыщIэдзауэ Хьэмид Санкт-Петербург Художествэ-хэмкIэ и академием живопи-сымкIэ и факультетым сурэт щIынымкIэ и къудамэм щрегъаджэ. Зи хэкуэгъухэр зыщызымыгъэгъупщэ сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зытеухуар и лъэпкъым и тхыдэрщ, и къекIуэкIыкIарщ, и щIыналъэм и щIыуэпс къулейрщ, нобэрей гъащIэм и лъапIэныгъэхэрщ. Хьэмид и лэжьыгъэхэм гупсысэ куурэ купщIэ инрэ ящIэлъщ. СурэтыщIыр щIэх-щIэхыурэ Налшык къокIуэж икIи и гуапэу хэтщ ди щIыпIэм щекIуэкI щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм. СэвкIуийм и IэщIагъэм, и зэфIэкIым и лъэп-къэгъухэр дрогушхуэ, ди щхьэр лъагэу дегъэлъагъуж.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.