|
|
Ставрополь къалэр къапоплъэ
23 января, 2025 - 06:03
Спорт хъыбархэр
Налшык къалэм и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ республикэм и щIыналъэхэм я бэнакIуэхэр, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуауэ.
Зэхьэзэхуэр къызэрыхах зэIущIэу щытащ икIи абы къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ Кавказ Ищхъэрэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм мазаем Ставрополь къалэм щызэхэтыну зэпеуэм кIуэну.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыкъыщагъэлъагъуэ гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Пщыбий Амир, Уэзы Iэдэм, Соблыр Атмир, Мэкъуауэ Рустам, ТIэхъу Алан, Балъкъыз Залым сымэ.
Байрамуков Алим, КIуж Темырлан, Къущхьэ Темырлан, Тау Астемыр, Беслъэней Дамир сымэ етIуанэ хъуахэщ.
Ещанэ увыпIэхэр къахьащ Нэгъуей Алан, Атэбий Темырлан, КъуэщIысокъуэ Идар, Нэгъуей Темыр, Зияев Рустам, Бэждыгъу Аскэр, Мамий Аскэр, Батыр СулътIан сымэ.
БэнакIуэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Иванов Дмитрий, Апхудэ Андзор, Ким Руслан, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Куп Эдуард, Джэданэ Залым, Къуэшырокъуэ Астемыр, Махуэ Олег сымэ.
Тхуми медалхэр къахь
Кавказ Ищхъэрэм армрестлингымкIэ и чемпионату Владикавказ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIам хэтащ щIыналъэхэм я спортсмени I00-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу къызэрыхах а зэхьэзэхуэм я къарур къыщагъэлъэгъуащ цIыхуитхум.
Ди гуапэ зэрыхъущи, абыхэм псоми яхузэфIэкIащ Урысей Федерацэм армрестлигымкIэ и чемпионату 2025 гъэм мэлыжьыхьым и I3 - I5-хэм Орёл къалэм щызэхэтынум ягъэкIуэнухэм зыхагъэхуэну.
Ахэр Беслъэней Аслъэн, Шыхъуэ Ислъам, ТIэш Вячеслав, Исакъ Темболэт, Къэрэгъул Хьэутий сымэщ.
АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.
|
|
15.11.2025 - 15:02 КъБР-м и Парламентым и комитетхэм я зэIущIэхэм депутатхэмрэ республикэм и министерствэхэм я лIыкIуэхэмрэ зэгъусэу щытепсэлъыхьащ «КъБР-м и бюджетыр 2026 гъэм, 2027 - 2028 гъэхэм ятещIыхьауэ» щIына |
|
|
15.11.2025 - 09:03 Прохладнэ щIыналъэм и Къэрэгъэш къуажэм Хэку зауэшхуэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэм я цIэкIэ щыIэ уэрамыр, зы километрым щIигъу зи кIыхьагъыр, зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. |
|
|
15.11.2025 - 09:03 2025 гъэм и мазибгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэ IэнатIэ нэхъыщхьэхэм хэхъуэфIхэр къагъэлъэгъуащ, щыжаIащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм. |
|
|
14.11.2025 - 09:03 КIыщокъуэ Алим и усэ сатырхэм къагъэнаIуэу къытщохъу мы тхыгъэм щIэлъ гупсысэри. Адыгэхэм я тхыдэр зыми ейм хыумыгъэгъуэщэну къулейщ. |
|
|
13.11.2025 - 09:03 ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэсрызекIуэм и шынагъуэншагъэр хъу-
|
|