ХьэщIагъэрэ гуапагъэрэ кIэлъызэрахьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэзахъстанымрэ кикбоксингымкIэ я спортсменхэм я еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэс Налшык къалэм щекIуэкIащ. Ди республикэм щыщу абы хэтащ Налшык, Нарткъалэ, къалэхэм Щхьэлыкъуэ, Джэрмэншык, Анзорей къуажэхэм щыщ спортсмени I60-рэ, я ныбжькIэ илъэс I2-м щегъэжьауэ 20-м нэсыху къызэщIаубыдэу. Къэзахъстаным цIыху 20 къикIат, тренерищ я гъусэу.
Еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэсым хэтахэм зыхуагъэхьэзыращ я къэралхэм къащыпэщылъ зэIущIэхэм: Къэзахъстаным - кикбоксингымкIэ щекIуэкIыну чемпионатым, УФ-м - КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Черкесск къалэмрэ Налшыкрэ щызэхашэну зэхьэзэхуэхэм. 
ЗэIущIэхэр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м кикбоксингымкIэ и федерацэм и унафэщI Къудей Артур, тренер нэхъыжь Куэшмэн Рустам, Къэзахъстаным и командэ къыхэхам и тренер Селиков Ессенмурад сымэ. 
ХьэщIэхэр ирагъэжьэжын ипэ къихуэу ахэр яшащ Налшык и «Тысяча ступеней» лъагъуэм икIи абы къыщажыхьащ. ИужькIэ ахэр Iуащхьэмахуэ лъапэ дашри зрагъэплъыхьащ икIи ялъэгъуамкIэ, бысымхэм къыкIэлъызэрихьа хьэщIагъэмкIэ арэзырэ дэрэжэгъуэ ягъуэтауэ ежьэжахэщ.

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2026 - 09:03

Куэдым хащIыкI

КъБКъУ-м Жылагъуэ жэрдэмхэмкIэ и пэшым иджыблагъэ щекIуэкIащ ­«Хабзэ хъуа псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэ­хэр: сыт дызэкъуэзыгъэувэр?» зэп­сэ­лъэныгъэр.

15.04.2026 - 09:03

Лъэпкъыр, бзэр, щэнхабзэр япэ изыгъэщ

Театрым, кином, щэнхабзэм зэрыщыту хухэха махуэхэм журналистхэр ди гуа­пэу датотхыхь а IэнатIэм пэрытхэм, цIыху гъащIэр, къэ­ралыр, псэукIэр нэхъ зыгъэбжьыфIэ, зыгъэдахэ цIыху цIэрыIуэхэм.

15.04.2026 - 09:03

Гъунапкъэншэ зэпсэлъэныгъэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр иджыблагъэ студентхэм яIущIащ.

14.04.2026 - 15:59

Театр лэжьакIуэхэм я пшыхь гуапэ

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр (СТД) илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр илъэс

14.04.2026 - 09:12

«Гупсысэм и къарур»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ пэхуэщIэ купщIафIэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI ди къэралым.  «Вагъуэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм къы­зэригъэпэщ, УФ-м Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и федер