ТекIуэныгъэр Иныр ди гъуазэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа Те­кIуэныгъэр илъэс 80 зэ­рырикъур щагъэлъэпIэну дауэдапщэхэр гъэхьэзырынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ, дызэрыт гъэр УФ-м и Президент Путин Владимир Хэкум и хъу­ма­кIуэм и илъэсу зэригъэувам къыхэкIыу. 

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м     и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правитель­ствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым КИФЩI-м щиIэ полномочнэ лIыкIуэм и аппаратым хэту КъБР-м щыIэ къэрал инспектор нэхъыщхьэ Васильченкэ Дмитрий, правительствэм хэт­хэр, министрхэр, хабзэ­хъумэ, цIыхубэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр. 
КIуэ­кIуэ Казбек зэIущIэм и пэублэм къыщыхигъэщащ Те­кIуэныгъэр илъэс 80 зэры­рикъур илъэс псом Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу хэтын зэрыхуейр, ар унафэщI IэнатIэхэм, къэ­рал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм япэ ирагъэщыпхъэ ­къалэну зэрыщытыр. 
Республикэм и Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ махуэшхуэм и мыхьэнэм хэгъэхъуэн зэры­хуейм. «ЗэрыпхъуакIуэмрэ зы­­зыхъумэжамрэ зэхуэб­гъэ­дэнкIэ зы Iэмал иIэкъым. ­Нацистхэм я дэIэпыкъуэгъуу щытахэр лIыхъужьу зыгъэув­хэр фэри дэри доцIыху, ар ­Украинэмрэ Прибалтикэм­рэщ. Апхуэдэу пщIымэ, ди адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ я фэ­еплъыр бгъэпуду аращ, абыхэм я пщIэр езыудыххэм дадэIэпыкъу хуэдэу», - къы­хигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. 
Республикэм и Iэтащхьэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Гитлер и пыхъуэ­пы­шэхэм совет цIыхубэм лейуэ ирахар: «Германиемрэ абыхэм я европей дамэгъухэмрэ 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м СССР-м зэрытеуар къэ­ралым дежкIэ гузэвэ­гъуэ­шхуэу къыщIэкIат. А зауэм хэкIуэдащ совет цIыхуу мел­уан 27-рэ, абыхэм ящыщу ­мелуани 8,6-р Дзэ Плъы­жьымрэ Хыдзэ флотымрэ щы­щу. Совет Союзым нацизмэр гъэкIуэдыжыным хэлъ­хьэныгъэшхуэ хуищIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху­бэми зыхащIащ нацистхэм зэрахьа лейм и Iэужьхэр. ЦIыху мин 70-м щIигъу зауэм дэкIащ, мин 40-м къагъэ­зэжакъым (а зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэу­хэм я бжыгъэр зэрыхъур мин 350-рэт). Нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэм яIэщIэкIуэдащ ди щIы­пIэм щыпсэуахэм ящыщу цIыху мини 4-м нэс». 
ЗэIущIэм хэтахэр тепсэ­лъы­хьащ Iуэхугъуи 115-рэ зэры­рагъэкIуэкIыну щIыкIэм епха планым, КIуэкIуэ Казбек ар дяпэкIи зыгуэрхэр зыхагъэувэжын «псэ зыIут проекту» зэрыщытыр къыхигъэщащ. ИрагъэкIуэкIыну я мурад Iуэ­хугъуэхэр ятеухуауэ щытынущ ди къэралыр фашизмэм те­кIуэным хэлъхьэныгъэ хуэзы­щIа, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я лIыхъужьхэм, нобэ Iэщэ яIыгъыу Хэкур зыхъумэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм. 
Зытепсэлъыхь махуэшхуэм зэрызыхуагъэхьэзырым теу­хуа­уэ къэпсэлъахэщ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр ­Къумахуэ Мухьэдин, лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпы­къу­ныгъэмкIэ министр То­гузаев ТIэхьир, узыншагъэр хъумэ­нымкIэ министр Къа­лэбатэ Рустам, егъэджэ­ны­гъэм­рэ щIэ­ныгъэмкIэ ми­нистр Езауэ Анзор, Налшык къалэ администрацэм и уна­фэщI Ахъуэхъу Таймураз сымэ. Къапэщылъ лэжьыгъэм зэреплъ­хэр къагъэлъэгъуащ жыла­гъуэ Iуэхухэмрэ лъэпкъ про­ектхэмкIэ и ми­нистр КIурашын Анзор, щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ министр Лу Азэ­мэт, Архив къулыкъущIапIэм и унафэщI Щоджэн Щы­хьым, щэнхабзэм и хъугъуэ­фIыгъуэхэр къэралым ихъу­мэнымкIэ и управленэм и унафэщI Гонтарь Олег сы­мэ. 
КъызэгъэпэщакIуэ комитетым къыщащта унафэ нэхъыщхьэщ Хэку зауэшхуэм хэтахэм, абы фызабэу къигъэнахэмрэ ныкъуэдыкъуа­-гъэ хэзыхахэмрэ илъэс къэс ират ахъшэр хуэдитIкIэ зэрагъэбэгъуэнур, ар сом мин 200-м зэрынагъэсынур. ХуэдитIкIэ хагъэхъуэнущ тылым и лэжьакIуэу щытахэм ират мылъкуми, ЕтIуанэ дунейпсо зауэм къриубыдэу я ныбжьыщIэгъуэм концлагерхэм­рэ фашист хьэпсхэмрэ исахэми. 
Гулъытэ нэхъыщхьэр дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм  я унагъуэхэмрэ яхуэунэтIауэ къэ­нэнущ. Къыхалъхьа жэрдэмхэм язщ тыншу медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр хуа­щIэ­фын хуэдэу, цIыху щхьэ­хуэм хухэха «узыншагъэмкIэ карточкэхэр» ягъэ­хьэзы­ры­ныр. 
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу ­къэгъэтэджыным хуэунэтIа Iуэхугъуэхэри къаIэтынущ. Дзэ Плъыжьым иригъэкIуэкIа зауэзэрылIхэр къызытещ фэеплъ блын илъэсым къриубыдэу ящIынущ, щIы­налъэ зыбжанэ зыхиубыдэ «ЛIы­хъужь щIэблэ» зэхуэсы­шхуэр ирагъэкIуэкIынущ, «Зар­ница» губгъуэ джэгур ­зэхашэнущ, «ЗауэлI» дзэ-спорт центрыр къызэIуа­хынущ. Сыт щыгъуи хуэдэу, Хэку зауэшхуэм епха фэ­еплъхэр ящIынущ. КIуэкIуэ Казбек къалэн щхьэхуэ ящи­щIащ республикэм ап­хуэдэ фэеплъу ит псори зыхуей ­хуагъэзэну. 
ЗэIущIэм и кIэухым КIуэ­-кIуэ Казбек жиIащ: «Iэпэ­дэгъэлэл дымыщIу, набдзэгубдзаплъэу дыкIэлъыплъу дгъэзэщIэн ­хуей лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъщ. Iуэху жьгъей хэткъым мыбы. ТекIуэныгъэм и илъэсым къалэн къытщещI ди къарум демыблэжу ды­лэ­жьэну, ар илъэс 80 зэрыри­къум ирихьэлIэу ехъулIэныгъэщIэхэм дыхуэкIуэну». 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2025 - 09:03

ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я уардэунэ

Налшык къалэм IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэ къыщызэ­Iуахыну зыхуагъэхьэзыр. Ар хуэщIащ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм зыщыхуэбгъэсэным икIи абы щхьэкIэ цIыхухэр зыхуэныкъуэну псом­кIи къызэгъэпэщащ.

10.02.2025 - 09:03

Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ. 

10.02.2025 - 08:55

ДяпэкIи аращ дызытетынур

КIуэкIуэ Казбек Мэзкуу лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ щыхуэзащ ­УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Ми­хаил.
 

10.02.2025 - 08:54

Къуажэхэм я зыужьыныгъэр зыхуэдэнур

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и къуажэхэм зэрызрагъэужьым.

10.02.2025 - 08:53

Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ.