Гу лъумытапIэ иIэкъым иужьрей илъэсхэм Урысейм къыщыдаха проектыщIэхэмрэ программэщIэхэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраIэм. Ди республикэр къапщтэмэ, гъуэгухэми, къалэ пщIантIэхэми, школхэми, сабий IыгъыпIэхэми, къинэмыщI цIыхубэ зэхэзекIуапIэхэми фIыкIэ захъуэжащ. Теплъэмрэ къабзагъымрэ зыхуей хуэза нэужь, гумрэ псэмрэ я Iыхьэри къалъыхъуэ.
Мы махуэхэм телеграмым щызэбгрыкIащ Мейкъуапэ и къалэтет Митрофанов Геннадий къалэр зыхэт проектхэм япкъ иткIэ яхузэфIэкIар къыщипщытэжа тхыгъэр. Ар мейкъуапэдэсхэм я адыгэбзэр езыгъэфIакIуэ гуэру къызэрыщIэкIар тфIэгъэщIэгъуэн хъуащ.
«Ди къэралым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр абы щэнхабзэрэ бзэуэ, хабзэрэ псэукIэ хьэлу куэд зэрыщызэблэкIырщ, - щетх Митрофановым и телеграм-каналым. - Мейкъуапэ адрей къалэхэм къахэзыгъэщ теплъэ хуэхъуну къэтлъытащ, ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэ напэкIуэцIхэр хъумэныр нэхъапэу дгъэувмэ. Ди лэжьыгъэм и зы Iыхьэщ «Бзэр цIыху лъэпкъым и псэщ» проектыр. АдыгэбзэкIи урысыбзэ- кIи псалъэжьхэр тетхауэ, Мейкъуапэ пкъохэр дэдгъэуващ. Зэман дэкIмэ, абыхэм макъкIэ къеджэу тщIыну ди мурадщ. ЖыIэгъуэ шэрыуэрэ псалъэжьу зэхэтщ пкъо 12-м кIэрагъэубыдахэр, абыхэм къызэщIаубыдэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я псэукIэ хабзэхэр. Зи гугъу тщIы Iуэхум текIуэда мылъкур къэралым, республикэм, щIыпIэ бюджетхэм ягъэува грантхэм я IэмалкIэ тхузэфIэкIащ».
Хэт имылъагъунрэт Налшык и уэрамхэм адыгэбзэкIэ е балъкъэрыбзэ- кIэ псалъэжьхэр зытетха пкъохэр дэту, ахэр урысыбзэкIэ зэдзэкIыжауэ. «Хъуапсэ и псэ кIуэдкъым», - жиIащ адыгэм, ауэ псалъэжьым и етIуанэ Iыхьэри зыщыдвмыгъэгъупщэ: «Фыгъуэр мыгъуэ мэхъу».
ГушыIэр къэгъэнауэ, ди гуапэ мыхъуу къанэркъым Налшык зыгъэпсэхуакIуэ е зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм къалэр ягу зэрырихьыр. Иджыблагъэщ Дагъыстэным щыщ блогер Алискеров Мурат «Паркым хэт къалэ» зыфIэпщ хъуну и интервью гукъинэжыр Татрокъуэ Башир щритар, Налшык щхъуантIагъэм зэрыщIигъэнам-рэ къалэр зэрыкъабзэмрэ къыщыхигъэщу. Ауэ теплъэ къудейм къыщымынэу, къалэм купщIэ куу иIэнымкIэ Мейкъуапэ удэплъей хъунущ.
ЧЭРИМ Марианнэ.