Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъуу

Музыкэ театрым щIы­шылэм и 16-м щекIуэкIащ «СВОих не бросаем» концертыр, дзэ Iуэху хэхам щы­Iэ щIалэхэм я унагъуэхэм ядэIэпыкъуным теухуауэ щытар. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек я дэIэпы­къуэгъуу, ар къызэрагъэпэщащ Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитетыр къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэ­ситI зэрырикъум и щIыхькIэ. 

Пшыхьым ирагъэблэ­гъащ комитетым хэтхэр, IуэхущIапIэм и лэжьэгъухэр, дзэ Iуэху хэхам щыIа щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ, республикэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ.
УФ-м и Президентым и ­жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща комитетым и щIыналъэ къуда­мэм и унафэщI Орехо­-вэ Каринэ зэхыхьэр къыщызэ­Iуихым фIыщIэ яхуищIащ псэемыблэжу Хэкум, къэралым къыщхьэщыж, лIыхъу­жьыгъэ зезыхьэ щIалэхэм. Абы жиIащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм пщIэ зэрахуэфащэр икIи я унагъуэхэм ядэIэпыкъун и лъэныкъуэкIэ яхузэфIэкI къызэрамыгъэ­нэнур.
- Урысейм щыпсэу лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэрщ къэ­ралым и къарур! Фи щIы­налъэм сыкъызэрыкIуар, къэ­ралым исхэм я мамыр ­гъащIэм, щIэблэм я пщэдейм нобэ щIэбэнхэм пщIэ яхуэ­щIыным теухуа пшыхьым сы­зэрыхэтыр хуабжьу си гуа­пэщ! - жиIащ Ингуш Респуб­ликэм и Сунженскэ районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дзязиков Муса. 
Пшыхьыр ягъэдэхащ уэ­рэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэ­ры­Iуэхэу Хьэрэдурэ Динэ, Сокъур Ольгэ, ЦокIыл Азэмэт, ПащIэ Маринэ, ДыщэкI ФатIимэ, Газаев Алим, Габуевэ Зухра, Текуев Амур, Тепеев Алим, Цагъуэ Арсен, Сэ­ралъп Марьянэ, Жыгун Эдуард, ­Холамханов Къайсын, Хьэ­тыхъу Вадим, Смолинэ Татьянэ, Кадыровэ Джанитэ, Шагъыр Астемыр, Тхьэкъуа­хъуэ Къантемыр, Занкишиев Марат, Насып Астемыр, Альборэ Марат, Теунэ Джэмал, ЗекIуэрей Ренат, «Гармония», «Вдохновение-Фантазия», «Терские казаки», «Джамрат» ансамблхэм. 
Зэхыхьэм щагъэлъэпIащ комитетым хэтхэр, дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм я дэ­Iэпыкъуэгъухэр. 
ТЕКIУЖЬ  Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.12.2025 - 14:02

Сыжажэ Алихъан чемпионатым щытокIуэ

Мэзкуу къалэм киокусинкай-каратэмкIэ зэхьэзэхуэ зыбжанэ зэуэ щекIуэкIащ мы махуэхэм.

15.12.2025 - 14:01

Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и жэрдэмкIэ, я нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я сабийхэм сурэт щIынымкIэ я зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэ

15.12.2025 - 10:01

Спортым щыхъыбархэр

КиокушинымкIэ зэпоуэ

12.12.2025 - 09:03

Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ

«Кавказым и Кубокыр» зендокай каратемкIэ къэхьыным хуэунэтIа урсейпсо зэхьэзэхуэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэм и спортсмен 200-м нэблагъэ.

11.12.2025 - 12:25

Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым.