Къэбэрдей-Балъкъэрым и турист кIуапIэхэр

«Кавказым и щIыпIэ нэхъ удэзыхьэххэр» фIэщыгъэр зэрихьэу дунейпсо лъэпкъыбэ зэхьэзэхуэ интернетым иджыпсту щокIуэкI. Абы и къалэн нэхъыщхьэу щытыр Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ я къалэ, курорт нэхъыфIхэу туристхэм къалъытэхэр IэIэт зэIухакIэ зэхэгъэкIынырщ. 

«Кавказым япэу зыплъыхьакIуэ къэкIуэну зызыгъэхьэзырхэм я нэхъыбапIэм ящIэркъым къыхахыну е къыщыувыIэну щIыпIэхэр. Лъэпкъыбэ IэIэтыр хуэунэтIащ цIыхухэм я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъ, бгыхэм лыжэкIэ къыщежэх хъуну е тенджыз Iуфэм зыщагъэпсэхуну, апхуэдэуи нэгузыужьыпIэхэу ди щIыналъэхэм яIэхэм я нэхъыфIхэр дэтхэнэрами зэхэгъэкIыным. Абы и фIыгъэкIэ Кавказым уздэкIуэ, здэбунэтI хъуну и щIыпIэхэр турист нэхъыбэм къацIыхунущ, нэхъапэм зэхамыха ди зыгъэпсэхупIэхэм, ди щIыуэпсым и дахагъэм щыгъуазэ хъунущ», - жиIащ зэхьэзэхуэм и унафэщI Абдулаев Магомед. 
«Туристические символы Кавказа» интернет IэIэтыр екIуэкIынущ 2025 гъэм щIышылэм и 17-м къыщыщIэдзауэ гъатхэпэм и 1 пщIондэ (www.caucasus.world). Абы хэт хъунущ Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ щыпсэухэм нэмыщI, Урысей Федерацэм и адрей щIыналъэхэми хамэ къэралхэми щыщхэр. 
«Дызэрыгушхуэ ди щIыналъэхэм я къалэхэм, курортхэм, турист ебэгъапIэхэм цIыху нэхъыбэ зэхьэзэхуэм къызэрыришэлIэнум шэч хэлъкъым. Мыхьэнэшхуэ иIэщ ди цIыхухэм нэмыщI, абы нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэухэри зэрыхэтынум. Си фIэщ мэхъу Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэ телъыджэхэм яхуэфащэ увыпIэхэр зэхьэзэхуэм зэрыщаубыдынум», - жиIащ УФ-м и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Надыкто Владимир.
КъызэгъэпэщакIуэхэм зэхьэзэхуэм щIыпIэ 20 хагъэхьащ, абыхэм ящыщу 12-р Кавказ Ищхъэрэм, 8-р - Кавказ Ипщэм яйуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэтщ «Кавказым и туризмэм и къалащхьэ», «Кавказым и турист кIуапIэ нэхъыщхьэ», «Кавказым и бгы-лыжэ курорт», «Кавказым узыншагъэр щызэтрагъэувэж и курорт нэхъыфI» зэпеуэхэм.
Зэхьэзэхуэм хэтыну щIыпIэхэр къыщыхахым къызэгъэпэщакIуэхэм зытрагъэщIар, къалъытар зы пIалъэм къриубыдэу абыхэм зыщызыгъэпсэху турист бжыгъэм я куэдагъырщ, абыхэм щыIэ щIыпIэ телъыджэхэрщ. Кавказым и щIыналъэхэм я инагъхэм ятещIыхьауэ зэхьэзэхуэм хэтыну щIыпIэхэри къыхахащ. 
Кавказ щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэ хьэщIэхэр щIэупщIэ хъуащ КИФЩI-м и щIыналъэхэр, Куржыр, Азербайджаныр зэпызыщIэ турист лъагъуэхэм икIи апхуэдэхэр пхашын мурадхэр щыIэщ.
Иджы ирагъэкIуэкI зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ я турист щIыпIэхэр зэпызыщIэ дунейпсо турист портал къызэрагъэпэщынущ.

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.03.2025 - 10:01

МинитIым щIигъу зэхуэсат

«Лъэпкъхэм я Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу каратэ-кекусинкай лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ.

18.03.2025 - 09:03

IэщIагъэм зэрыхуэкIуэ лъэбакъуэхэр

Сабий творчествэмкIэ «Эрудит» центрым щрагъэжьащ сурэтыщI, декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэ «Палитра ремёсел – 2025» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр.

18.03.2025 - 09:03

Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ

2024 - 2025 гъэ еджэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуэ 48576-р ерыскъы пщтырхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщ.

18.03.2025 - 09:03

Шэмрэ шатащхьэмрэ

Къэралым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм я 2-нэ Сыбыр зэхуэсу Горный Алтай республикэм и «Манжерок» курортым иджыблагъэ щекIуэкIам УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ щытепсэлъыхьащ 2024

18.03.2025 - 09:03

Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп

«Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ щылажьэхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ иужьрей илъэсихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэмрэ