МахуэщIым хуагъэхьэзыр

Ди къэралым щыпсэу цIыхубэм я дежкIэ «текIуэныгъэ» псалъэм лъапIэныгъэу хэлъыр къыпхуэмылъытэну инщ. Ди нэхъыжьхэм абы щIата уасэр апхуэдизкIэ инщ, ар гъунэгъу къэхъун щхьэкIэ халъхьа гуащIэр зи хуэдэ щымыIэу абрагъуэщи, абы и джэрпэджэжыр гу зыкIуэцIылъ дэтхэнэми зэхех, зэхещIыкI, къыгуроIуэ. БлэкIа зауэр апхуэдизкIэ гущIэгъуншэти, псэ зыIутым ящыщу зылъэмыIэсарэ зи унэ гуауэу имыхьарэ щыIэкъым. ЖыпIэнуращи, Хэку зауэшхуэр цIыху щIэжым имыкIыж бжыгъэу къинащ. Зауэр зи нэгу щIэкIахэр кIуэ пэтми мащIэ мэхъу, ауэ абыхэм я бынхэм,  къащIэхъуэжахэм яфIэлъапIэщ нэхъыжьхэм щIагъэкIа нэпсыр, яущэхуну хэту кIуэцIкIэ ягъэва гуIэр. Аращ а фэеплъыр уахътыншэ зыщIыр, абы епха сыт хуэдэ Iуэхугъуэми лъапIэныгъэ щIратыр.

  ТекIуэныгъэр къызэрахьрэ илъэс 80 зэрырикъум щIэгъэхуэбжьауэ зыхуегъэхьэзыр къэралым. Щыхьэрышхуэми щIыналъэхэми пэкIухэр щызэхашэнущ, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ фэеплъ Iуэхугъуэхэр къыщызэрагъэпэщынущ, щIэныгъэ зэIущIэхэр щызэхэтынущ. А псом къыдэкIуэу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэри зэрагъэпэщыжынущ, ахэр здэщыт щIыпIэхэр къагъэщІэрэщІэжынущ, абыхэм я Іэгъуэблагъэр зыхуей хуагъэзэнущ.

ЖыIэн  хуейщ апхуэдэ лэжьыгъэхэр щIыналъэхэм зэи зэщызэпымыуар.  Къэбэрдей-Балъкъэрым Хэку зауэшхуэм и мафIэсым зи щхьэ хэзылъхьа щIалъэхэм я кхъащхьэ хэкIуэдэжхэр лъахэхутэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я жэрдэмк1э къахутэж, абыхэм лъэс лъагъуэхэр ирашалIэ, ахэр зыхуащIахэм я тхыдэр къатIэщIыж. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ  зыдэмыт жылэ щIагъуэ ди щIыналъэм иткъым. Къэрал программэхэмрэ щIыналъэ пэхуэщIэхэмрэ я фIыгъэкIэ абыхэм фэ къытрагъэуэж, я теплъэр зэрагъэпэщыж.

Псалъэм и хьэтыркIэ, Бахъсэн къалэм дэт кхъэм хеубыдэ «ЗауэлI 18-м я фэеплъ скъаркIэ» зэджэ къуэшыкхъэр. 1942 – 1943 гъэхэм щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэхэм хэкIуэдащ мыбдеж щIэлъ щIалэхэр. Бахъсэндэс нэхъыжьхэм зэхуахьэсыжу зы щIыпIэм иужьрей увыIэпIэр зрагъэгъуэта зауэлIхэм фэеплъ кхъащхьэдэси тращIыхьауэ щытащ. Зауэ нэужьым щIыпIэр цIыху кIуапIэ хъуащ, ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу пэкIухэр щрагъэкIуэкIыу яублащ. ЦIыхубэм кIуапIэ ящIа щIыпIэм щэнхабзэ мыхьэнэ игъуэтащ, жылагъуэми къэрал IуэхущIапIэхэми я нэIэ трагъэкIыркъым.

Апхуэдэу Май къалэкум и1э жыг хадэм мывэскъар лъагэшхуэ итщ, къалэдэсхэм я гуфIэгъуэ зэIущIэ куэд абы и пащхьэ щрагъэкIуэкIыу. Май щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Саенкэ Татьянэ къызэрыхигъэщамкIэ, ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу зэрагъэпэщыжыну зи ужь ит, ЩIыхьым и мывэскъаркIэ зэджэ фэеплъыр 1969 гъэм ягъэувауэ щытащ. Абы ехьэлIапхъэ лэжьыгъэхэм къыщагъащIэу щытакъым, ауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, абы курыхыу зэзыгъэпэщыж Iуэхухэр ехьэлIэныр Iэмалыншэ хъуат.

 Лэжьыгъэхэр IыхьитIу зэхэтт. Япэ Iыхьэм къиубыд Iуэхугъуэ псори 2024 гъэм и дыгъэгъазэ мазэ пщIондэ зэфIагъэкIащ. Абы ирихьэлIэу фэеплъым къыкIэрыщэщыж лэчыжьымрэ ятIэмрэ трахащ, зытет лъабжьэр къагъэщIэрэщIэжащ. ЕтIуанэ Iыхьэм къызэщIиубыдэ лэжьыгъэхэр 2025 гъэм и мэлыжьыхь мазэ пщIондэ, ТекIуэныгъэм и махуэр къэмыс щIыкIэ, зэфIагъэкIыну я гугъэщ. АпщIондэху фэеплъым и теплъэр лэчыщIэкIэ къыхагъэщыжынущ, и екІуэлІапІэхэр зэІузэпэщ ящІынущ, тетІысхьэпІэхэр ягъэувынущ, щхъуантІагъэхэр щагъэтІысынущ, Iэгъуэблагъэр жэщкІэ къэзыгъэнэхуну уэздыгъэ пкъохэри ягъэувыну я гугъэщ. Фэеплъым IухьэпIэ щхьэхуэрэ уней дыхьэпIэрэ хуащIыну я гугъэщ. Апхуэдэу кхъащхьэдэсэм тет псалъэхэри щIэрыщIэу къыхагъэкIыжынущ.

ЩIыхьым и мывэскъарыр зэгъэпэщыжыным текIуэдэну мылъкур Май къалэмрэ Май щIыналъэмрэ я бюджетым къыхахынущ.

КъулыкъущIэхэм зэрыжаIэмкIэ, Май щIыналъэм ит нэгъуэщI фэеплъхэми, къуэшыкхъэхэми гулъытэ ягъуэтынущ, цIыхур абыхэм бгъэдыхьэн, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкIын хуэдэу гъуазэхэр ящIынущ, зекIуапIэхэр къыхагъэкIынущ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.