КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ министр Тогузаев ТIэхьир. Ахэр тепсэлъыхьащ илъэс блэкIам яхузэфIэкIахэмрэ дызытехьа илъэсыщIэм къапэщылъхэмрэ.
ЦIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщын IуэхукIэ республикэм и щытыкIэр хъарзынэу зэрызэтеувар, абыхэм я нэхъыбэр мэкъумэшым, хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ елэжьыным, ухуэныгъэм, сатум зэрепхар къыхагъэщащ зэIущIахэм.
Республикэм лажьэу ис цIыхухэм я бжыгъэр мин 427,4-м нэсащ, ар илъэс блэкIам елъытауэ нэхъыбэщ. ЛэжьапIэншэу зыкъэзыгъэлъагъуэхэм я бжыгъэм хощI. Илъэс блэкIам ахэр зэрыхъур минитI къудейт, ипэ илъэсым а бжыгъэр тIукIэ нэхъыбэу щытащ.
Гулъытэшхуэ хуащI дзэ Iуэху хэхам хэтхэм зыщIагъэкъуэнми. ЩIыналъэм и лIыщхьэм абыхэм зэи и нэIэ ятригъэкIыркъым.
Илъэс блэкIам сабий куэд зыщIэс унагъуэхэм зэ етыгъуэу, мазищ къэс - зэ, мазэ къэс ират пособие лIэужьыгъуиблым япкъ иткIэ ахъшэ хуаутIыпщащ. Зыуэ щыт пособиехэмкIэ нобэ къызэщIаубыдэ цIыху мин 16,9-рэ, абыхэм ящыщу сабийуэ – мин 17,4-рэ, псори зэхэту а Iуэхум хухагъэкI сом мелуан 486,7-м нэс.
Гъэмахуэм къриубыдэу, узыншагъэм кIэлъыплъыным хухэха зыгъэпсэхупIэ 34-м сабий мини 7,5-м зыщагъэпсэхуащ. Абыхэм хеубыдэ зеиншэхэр, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я бынхэр, гъащIэ гугъусыгъум хиубыдахэр, узыншагъэкIэ щыщIэныгъэ зиIэхэр, хэхъуэшхуэ зимыIэ унагъуэхэм къыхэкIахэмрэ зи IэпкълъэпкъкIэ мыузыншэхэмрэ.
Республикэр доIэпыкъу ныбжьышхуэ зиIэхэми, я унэхэм екIуалIэурэ зыхуей хуагъазэ. А лэжьыгъэр хеубыдэ мыузыншэхэр пIалъэ кIыхькIэ ядэIэпыкъуным хуэгъэпса проектым. Илъэс блэкIам къриубыдэу, социальнэ лэжьакIуэхэм зыщIагъэкъуащ цIыху мин 48-м щIигъум.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ унагъуэшхуэхэм, сабий мыузыншэхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ IэпкълъэпкъкIэ сэкъат зиIэхэмрэ ядэIэпыкъуныр къэралым игъэпэрыт социальнэ къалэну зэрыщытыр, социальнэ лэжьакIуэхэр а Iуэхум дяпэкIи зэрелIэлIапхъэр.