«Адыгэ псалъэм» и хьэщIэ цIыкIухэр

«Адыгэ псалъэ» газетым  и хьэщIэщым къеблэгъащ Нал­шык дэт гимназие  №14-м и унафэщIым гъэ­сэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэ­дзэ Султановэ Саймэ, и гъэ­сэнхэр - 6-нэ классым ще­джэ ныбжьыщIэхэр - щIы­гъуу. Гимназием блыщхьэ къэс щрагъэкIуэкI «Псалъэмакъ щхьэпэхэр» дерсхэм ящыщ зы траухуащ Урысейм и печатым и махуэм. 

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыла­сэ Заурбэч ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ газетыр ­нэхъ пасэм къызэрыдэкIыу щыта щIыкIэм, иджыпсту абы игъуэта зыужьыныгъэм, адыгэ газетым и фIэщы­гъэм зэманым елъытауэ зэрызи­хъуэжам, нэгъуэщIхэми. ­Хьэ­щIэхэм яригъэлъэгъуащ «Адыгэ псалъэм» и музейм щIэлъ хьэпшыпхэр: «Кав­казская коммуна» пасэрей газетым и къыдэкIыгъуэ ­зыбжанэ, тхыгъэхэр зэры­тра­дзэу щыта машинэ лIэужьыгъуитI, «Адыгэ псалъэм» и къыдэкIыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, газетыр традзэн ­папщIэ къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр: гъущI линейкэ­хэр, хьэрфыпкъхэр, дискетэхэмрэ диск­хэмрэ. Редактор нэ­хъы­щ­хьэр къытеувыIащ мы зэманым газетым зэ­ре­лэжь, къызэрыдагъэкI щIы­кIэхэмрэ Iэмалхэмрэ, редакцэр къудамэ-къудамэу зэры­зэхэтым, журналистхэм я ­гуащIэм, техническэ лэ­жьа­кIуэхэм я къалэнхэм. ЖиIащ газетым электрон щытыкIэ иIэу къы­зэрыдэкIри, телеграм каналым «Адыгэ псалъэм» напэкIуэцI зэрыщигъэлажьэри. 
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэ­дзэ Ширдий Маринэ еджа­кIуэхэр къыхуриджащ анэ­дэлъхубзэм пщIэ хуащIыну, ирипсэлъэну, я бзэмкIэ къы­-дэкI «Нур» журналыр традзэ­-ну, адыгэ газетым ныбжьэгъу хуэхъуну. 
- Адыгэм и щэнхабзэм, и тхы­дэм, и хабзэм зыщывгъэ­гъуазэ иджы щыщIэвдзи. Пасэу а псом фыдихьэхмэ, фи гупсысэм зиужьынущ. Абы икIи фыщыгуфIыкIыжынущ. АдыгэбзэкIэ ятххэм фе­джэ зэрыхъукIэ. Рассказ цIыкIу­хэр, новеллэхэр, усэхэр куэду щыIэщ. Ди IуэрыIуатэ къудейр сыт и уасэ, Iущыгъэ къыхэпхынумэ! - жиIащ абы. 
«Адыгэ псалъэм» и сурэттех Къарей Элинэ ныбжьыщIэ­-хэм яхутепсэлъыхьащ газетым и фIагъыр, и купщIэр, и теплъэр абы сурэтыр зэры­хэувэм зыкъомкIэ зэрелъы­там. 
- Газетыр къызэIупха нэужь, япэу гу зылъыптэр ар зэ­рыгъэпсамрэ тхыгъэхэм кIэ­щIэт сурэтхэмрэщ. Хъыба­рым, тхы­гъэм е зэпсэлъэныгъэм укъемыджэ щIыкIэ абы къыщыхьа сурэтым ухуигъэ­хьэзырын хуейщ ар зытеу­хуам. Куэд мэхъу сурэтте­хымрэ журналистымрэ зытетхыхьри къагъэлъагъуэри. Дра­гъэблагъэ къулыкъущIэ­хэм я зэIущIэхэм, концертхэм, театрхэм, курыт еджапIэхэм­рэ сабий садхэмрэ къы­щы­зэ­рагъэпэщ пшыхьхэм, биб­лиотекэхэмрэ музейхэмрэ ­ще­кIуэкI зэIущIэхэмрэ гъэ­лъэ­гъуэныгъэхэмрэ. Элинэ къы­теувыIащ и лэжьыгъэ Iуэ­хум нэмыщI дэзыхьэххэм. Езыр къэлътмакъ гъэщIэ­рэ­щIахэр, тхьэгъухэр зыщI Iэ­пэ­Iэсэщ. Абы гухэхъуэгъуэ къе­зыт Iуэхугъуэщ бжэхэмрэ щхьэ­гъубжэхэмрэ сурэт три­хы­ныр. ЗэрыжиIэмкIэ, абыхэм я щытыкIэм куэд къаIуатэ, ­къалэр зыхуэдэм деж къы­щегъэжьауэ унэм щыпсэу цIыху­хэм я дунейр зыхуэдэнкIэ ­хъунум щыщIэкIыжу. Су­рэттехым къэрал куэд къы­зэхи­кIухьащ, апхуэдэу щыхъу­кIэ бжэ куэди «къызэIуихащ». 
Ялъэгъуахэмрэ зэхахахэм­рэ итхьэкъуауэ ныбжьы­щIэ­-хэр зэбгрыкIыжащ. Хэт ищIэн журналист IэщIагъэм и къэ­кIуэнур зэлъытахэри абы­хэм къахэкIынкIи хъунщ.
ГУГЪУЭТ  Заремэ,
Сурэтыр  Къарей
Элинэ трихащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2025 - 09:03

ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я уардэунэ

Налшык къалэм IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэ къыщызэ­Iуахыну зыхуагъэхьэзыр. Ар хуэщIащ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм зыщыхуэбгъэсэным икIи абы щхьэкIэ цIыхухэр зыхуэныкъуэну псом­кIи къызэгъэпэщащ.

10.02.2025 - 09:03

Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ. 

10.02.2025 - 08:55

ДяпэкIи аращ дызытетынур

КIуэкIуэ Казбек Мэзкуу лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ щыхуэзащ ­УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Ми­хаил.
 

10.02.2025 - 08:54

Къуажэхэм я зыужьыныгъэр зыхуэдэнур

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и къуажэхэм зэрызрагъэужьым.

10.02.2025 - 08:53

Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ.