ЩIэблэм я щапхъэщ икIи я гъуазэщ

Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыб­лагъэ яIущIащ щIыпIэ спорткомитетым и унафэщI Къаскъул Аслъэн, Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и директор Къарэмышэ СулътIан, тренер Жамырзэ Беслъэн, спортсмен цIэрыIуэхэу Багъ Алийрэ Мэш Ислъамрэ.

Багъымрэ Мэшымрэ зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ къапэщылъ зэIущIэхэм зэрызыхуагъэхьэзыр щIыкIэм­рэ дызыхыхьа илъэсым зэхуагъэувыжа къалэнхэмрэ. Абыхэм я псалъэм пэджэжу Жамырзэ Беслъэн къызэ­хуэсахэр щигъэгъуэзащ зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ (ММА) зыкъэзыгъэлъагъуэ спортсменхэм я Iуэхур нобэкIэ зыIутым, ахэр адэкIэ кIуэта зэрыхъуным. 
ММА-м хэт спортсменхэм иужьрей илъэсхэм зыщагъэхьэзырар Щауэм и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэрщ. Иджы абыхэм пэш щхьэхуэ хухахащ икIи зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр иджыпс­ту щрагъэкIуэкI. ИужькIэ зы­хуей-зыхуэфIхэмкIэ пэшыр «яхуэпэнущ». Абы къыдэкIуэу, тренерхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я бжыгъэми хагъэхъуэнущ.
«Зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэм иджыпсту щIэупщIэшхуэ дуней псом щаIэщ. Абы хэт спортсменхэр щагъэ­хьэзыру къэралым щыIэ и центрхэм яхэтщ Бахъсэн къалэр. ИкIи тлъэкI къэдгъанэркъым апхуэдэ пщIэр нэхъ лъагэу тIэтын папщIэ. Мырзэкъан Азэ­мэт, Багъ Алий, Бырхьэм Мухьэмэд, КIуэкIуэ Мухьэмэд, Мэш Ислъам, Гугухэ Ислъамрэ Муратрэ, Хъыжьрокъуэ Валерэ, Балъкъыз Ахьмэд, Хъуэтхэ Резуанрэ Залымрэ, Щоджэн Артур сымэ, нэгъуэщIхэри къыдэкIуэтей ди щIэблэм я щапхъэщ икIи я гъуазэщ», - жиIащ Мамхэгъ Хьэчим. 
Тамокъуэ Алыдж. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.01.2026 - 09:03

Сабийхэр ягъэгуфIэ

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэр щыIащ республикэм и Сабий унэм.

16.01.2026 - 09:26

Пэжыр цIыхубэм лъагъэIэс

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и япэ зэIущIэр вэсэмахуэ екIуэкIащ. Абы и уна­фэщI Жыласэ Заурбэч жи­Iащ илъэсым Iуэ­ху гуапэкIэ зэрыпежьар.

16.01.2026 - 09:23

АХЪМЭТ Амир: ЦIыхум уи сэбэп екIынырщ нэхъыщхьэр

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) и гъэсэнхэм дунейпсо, урысейпсо утыкухэм нэгъабэ къыщагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз нэгъуэщI лIэужьыгъуэк

15.01.2026 - 08:57

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэм я музей. 

15.01.2026 - 08:56

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

2025 гъэм и иужьрей махуэхэм «Шайбу, шайбу!» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм хоккеймкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.