ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр![]() Налшык къалэм щекIуэкIащ шахмат къызэрыгуэкIымрэ блицымкIэ зэхьэзэхуэхэр. Абы хэтащ сабий 90-рэ балигъыу 20-рэ икIи ахэр я ныбжьрэ яIэ рейтингымрэ елъытауэ гуп-гупу гуэшауэ щытащ. КъызэрыгуэкI шахматымкIэ зэпеуэхэр екIуэкIащ мы гъэм щIышылэм и 6 - 7-хэм. Удихьэхыу къызэрагъэпэща зэIущIэхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Жырыкъ Хьэмидбий, Мэремщауэ Азэмэт, Лу Къантемыр, Мирзоевэ Лиланэ, КIыщ Идар, Костахов Тимур, Къардэн Чэрим сымэ. КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|