Iуащхьэмахуэ и кIапсэ гъуэгущIэхэр

2028 гъэм ирихьэлIэу «Iуащхьэмахуэ» курортым и «Азау», «Мир» лъагапIэхэр зэпызыщIэ кIапсэ гъуэгум абы хуэдэ зы иджыри къыбгъуращIыхьынущ.

Бгы лъапэм къыщыщIэдзауэ метр 3670-м лъагагъым нэсыху туристхэри дришеинущ. Абы ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэмрэ къащэхуну технологие оборудованэхэмрэ теухуа зэгурыIуэныгъэр Кавказ.РФ-м ирищIылIащ «Агростройподряд» IуэхущIапIэм. Проектым трагъэкIуэдэнущ сом мелард 12,5-рэ. АхъшэмкIэ шэсыпIэ ихьащ «Урысеймэкъумэшбанкыр».

Иджы яухуэну «EL7-EL9» кIапсэ гъуэгущIэр секциплIу гуэшауэ щытынущ, цIыхухэр къызэрырашэкI иджырей кабинэхэр пыдзауэ, зы сыхьэтым къриубыдэу цIыху 2500-м нэблагъэ хуэгъэIэпхъуэу. КIапсэ гъуэгущIэм и фIыгъэкIэ туристхэм Iэмал яIэнущ лыжэкIэ къыщыбжыхь хъуну щIыпIэщIэхэр ягъэунэхуну. Псори зэхэту абы километр 12 и кIыхьагъынущ. Лыжэхэм япэу теувахэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу, щIыпIэ щхьэхуэхэр хухахынущ. Апхуэдэ зы гъуэгур, километр 2453-рэ зи кIыхьагъынур, «Пик Терскола» астрономиемкIэ дунейпсо обсерваторием пэгъунэгъуу блэкIынущ.

«Иджыпсту лажьэ кIапсэ гъуэгум къыбгъурытщIыхьынур абы и «дэIэпыкъуэгъуу» щытыну аращ, станцхэм щызэтрихьа турист бжыгъэр зэтригъэкIын хуэдэу. Абы къыдэкIуэу, лыжэкIэ къэзыжыхьхэм къахузэIутхынущ къухьэпIэмкIэ гъэза бгым и джабэ нэкIур. ЗэгурыIуэныгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 2026 гъэм къриубыдэу дызыхуэныкъуэну технологие оборудованэу хъуар къетшэлIэнущ, адэкIэ, лэжьыгъэ нэхъыщхьэм – ухуэныгъэхэм, - щIэддзэнущ», - жиIащ Кавказ.РФ-м и унафэщI Юмшанов Андрей.

«Iуащхьэмахуэ» курортым лыжэкIэ къыщыбжыхь хъу, къухьэпIэмкIэ гъэза джабэ нэкIумрэ иджы къуэкIыпIэмкIэ щаухуэнумрэ кIапсэ гъуэгухэм зыуэ зэпащIэнущ. Апхуэдэуи Кавказ.РФ-м и мурадщ яухуауэ хьэзыру щыт кIапсэ гъуэгущIитIыр 2025 гъэм и пэщIэдзэхэм лажьэу ирагъэжьэну, иужькIэ ахэр хыхьэжынущ къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ гъэза джабэ нэкIум хуэзышэну лъагъуэхэм.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг