Адыгэхэм я дунейм щыхагъэгъуазэ![]() Налшык къалэм и япэ модельнэ библиотекэм щекIуэкIащ гъуазджэм, тхыдэм, графикэм, адыгэхэм я дунейм ухэзышэ «Печать, тираж, тхылъымпIэ, адыгэхэр…» зыфIаща лекцэ. Ар къызэригъэпэщащ филологие щIэныгъэ- ЗэIущIэм ирагъэблэгъащ коллекционер, «Легенды» каналымрэ Москва щекIуэкIа «Легенды трёх веков» (2022), «Ткань. Бумага. Серебро» (2024) выставкэхэмрэ я къызэгъэпэщакIуэ Тхьэзэплъ Мурат. Ар гравюрэхэм дахьэхри, нэмыцэ, урыс щIэныгъэлI Паллас Питер Симон IуэрыIуатэ зэхуихьэсу Кавказым щыщыIам абы дэщIыгъуа нэмыцэ художник цIэрыIуэ Гейслер Христиан и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр 2001 гъэм япэу утыку кърихьат. И етIуанэ гъэлъэгъуэныгъэм хигъэхьащ декоративно-прикладной гъуазджэм и хьэпшып щищым щIигъу (адыгэ Iэщэхэр, зауэлI фэилъхьэгъуэхэр, адыгэ цIыхубзхэм зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэр). Ахэр я лэжьыгъэщ НэкIо Аслъэнбэчрэ Шэпар Аланрэ. Тхыгъэри сурэтри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|