Я лэжьакIуэхэр ягъэлъапIэ

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм ще­кIуэкIащ я шофёрхэм ведомствэ дамыгъэхэр щрата Iуэху гуапэ. 

2022 гъэм и жэпуэгъуэм къыщыщIэдзауэ 2024 гъэм и мэкъуауэгъуэм къриубыдэу Урысей МЧС-м и щIыналъэ управленэм Белгород областым щылэжьэну игъэкIуащ мафIэс гъэункIыфIыным сыткIи хуэщIа, шэ зыпхымыкI цистернэ, шоферитI щIыгъуу. Мазэ къэс зэрахъуэкIащ а машинэр зезыгъакIуэхэр. Белгород щыщ я лэ­жьэгъухэм яхузэфIэкIкIэ ядэIэпыкъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыху 36-рэ. Ди щIалэхэр жыджэру ядэлэжьащ Белгород областым и мафIэсгъэункIыфIхэм. Ахэр хэтащ мафIэ зыщIэна унэхэмрэ ухуэныгъэхэмрэ лыгъэр щыгъэункIыфIыным, къызэтещэщахэр зэпкърыхыным, къэрал гъунапкъэм Iус Белгород областым хыхьэ щIыпIэхэм щыпсэухэм ядэIэпыкъуным, ахэр псэзэпылъхьэпIэхэм къыхэшыным. 
ГуфIэгъуэ зэхуэсым къыщыпсэлъащ Управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и генерал-майор Надежин Михаил. «Топышэхэр къателъалъэми, я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ емыблэжу Управленэ нэхъыщхьэм и лэжьакIуэхэм екIуу зэфIахащ къапэщыт къалэнхэр», - къыхигъэщащ абы.
МафIэс гъэункIыфIыным къыщагъэлъэгъуа хахуагъэм, лIы­хъужьыгъэм, я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьым папщIэ ведомствэм и дамыгъэхэр иратащ цIыху куэдым. 
«И лэжьыгъэфIым къыпэкIуэу» бгъэхэIу дамыгъэр хуагъэфэщащ Бэрбэч Мухьэмэд МуIэед и къуэм. 
«МафIэсгъэункIыфI нэхъыфI» бгъэхэIу дамыгъэр иратащ: Гуэнгъэпщ Ильяс Хьэталий и къуэм, Дыджэ Феликс Хьэдис и къуэм, Елъкъэн Альберт Данял и къуэм, Жабоев Даниял ЖэбрэIил и ­къуэм, Жан Мыхъутар Борис и къуэм, Зэшэз Мартин Станислав и къуэм, Индрокъуэ Мартин Мухьэдин и къуэм, Къалэбатэ Мурат ­Аслъэнбий и къуэм, Къэрмокъуэ Тембот Хъалиф и къуэм, Къатинэ Залым Мухьэмэдин и къуэм, Куэцэ Хьисэ СулътIан и къуэм, Махиев Ильяс Алий и къуэм, ТекIужь Алим Беслъэн и къуэм, ХьэцIыкIу Алим Руслан и къуэм, Хьэшкул Руслан Ризиуан и къуэм, Цырхъ Мурат Алексей и къуэм, Шаваев Валерэ Хьэдис и къуэм, Щоджэн Аслъэн Арсен и къуэм, Щоджэн Руслан Хьэмидбий и къуэм, Шурдым Беслъэн Хьэбыж и къуэм. 

УАРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2025 - 09:03

ГъащIэщIэм и хъумакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Перинатальнэ центрым иджыблагъэ къыщрагъэлащ мылъхуэсу дунейм къыщытехьа сабий цIыкIуитI.

23.01.2025 - 09:03

ХьэщIагъэрэ гуапагъэрэ кIэлъызэрахьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэзахъстанымрэ кикбоксингымкIэ я спортсменхэм я еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэс Налшык къалэм щекIуэкIащ.

23.01.2025 - 09:03

Ставрополь къалэр къапоплъэ

Спорт хъыбархэр

22.01.2025 - 15:02

Къуажэдэсхэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэ

«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щаухуэнущ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэщIэхэр.

22.01.2025 - 09:12

ТекIуэныгъэр Иныр ди гъуазэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа Те­кIуэныгъэр илъэс 80 зэ­рырикъур щагъэлъэпIэну дауэдапщэхэр гъэхьэзырынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ иригъэкIуэ