ЛIыгъэм и дерс

Пщэдей, дыгъэгъазэм и 9-р, Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэщ. Урысейм судкIэ тезыр зытралъхьахэм ар егъэ­пшы­нынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и ветеранхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ абы хуэгъэпса Iуэху щхьэпэ къызэрагъэпэщащ - Налшык къалэ дэт гимназие №13-м и 10 - 11-нэ классхэм щеджэхэм лIыгъэм и дерс драгъэкIуэкIащ. 

Сасыкъ Анзор, Быф Беслъэн, Созэрыкъуэ Анзор сымэ школакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ ЛIыгъэм и орденыр зыхуагъэфэща я лэжьэгъухэм.
- Мы махуэм дэ дигу къыдогъэкIыж КъБР-м и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэу террористхэм яIэщIэкIуэдахэр. Абыхэм къэмылэнджэжу икIи лIыгъэ яхэлъу управленэр яхъумащ IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэхэр къыщытеуам икIи къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъагэхэр, - ядэгуэшащ школакIуэхэм къэрал кIуэцI къулыкъум и полковникыу пенсэм щысым. УИС-м и ветераным къыхигъэщащ ФСИН-м и щIыналъэ Управленэм и сатырхэми ноби зэрахэтыр орден, медаль зэмылIэужьыгъуэхэр къэзылэжьахэр. 
ШколакIуэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуат хьэщIэхэм я IэщIагъэр. Абыхэм упщIэхэр иратащ я къулыкъум епха еджапIэ нэхъы­щхьэхэм узэрыщIэтIысхьэнум, я деж лэжьапIэ узэрыувынум ­теухуауэ. КадрхэмкIэ, гупым гъэсэныгъэ, социальнэ лэжьыгъэ­х­эр ядегъэкIуэкIынымкIэ къудамэм и инспектор нэхъыжь Созэрыкъуэ Анзор яжриIащ юриспруденцием къыщыщIэдзауэ хъыбар технологиемкIэ IэщIагъэлIхэм я деж щыщIэкIыжу я зэфIэкI а IэнатIэм зэрыщагъэлъэ­гъуэфынур. 

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.01.2026 - 08:56

Iулъхьэм зэрыпэщIэтыр

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа зэIущIэм щагъэ­нэIуащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ я лэжьыгъэм кърикIуахэр.
 

12.01.2026 - 08:55

Дамир Европэм и вице-чемпионщ

Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ дыгъэгъазэм и 11 - 14-хэм Косовэм и къалащхьэ Приштинэ щекIуэкIащ.

12.01.2026 - 08:55

Тхыпхъэр, гупсысэр, макъамэр….

Гъуазджэр, щэнхабзэр, макъамэр, IэпэIэсэныр зэрихьэлIа нэужь, телъыджэщ кърикIуэр. Ар псом хуэ­мы­дэу гурыхьщ лъэпкъым щыхуэгъэзам деж.

31.12.2025 - 09:03

ЖыгыщIэр зэрыбгъэшым елъытауэщ зэрыкIынур

Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ XXXIV ду­нейп­со Хъуромэ (Рождест­венс­кэ) егъэджэныгъэхэм хы­­хьэ X щIыналъэ Парламент зэхуэсыр.

31.12.2025 - 09:03

ЕхъулIэныгъэхэр къахудэкIуэну!

ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ пщIэ­шхуэ зиIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм хуэлажьэхэм.