Къыщалъхуа хэкум хуэпэжу, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу псэурщ цIыху нэсу игъащIэми къалъытэр. Апхуэдэ щIалэ щыпкъэхэр зэрыдиIэр наIуэ къищIащ иужьрей илъэсхэм Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жиIэ зэпытщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ хахуэхэр зэуапIэ губгъуэм лIыгъэ яхэлъу зэритыр, псоми ди зэхуэдэу дызыпэплъэ ТекIуэныгъэмрэ мамыр гъащIэмрэ ди щIалэхэр псэемыблэжу зэрыщIэзэур.
Республикэм и сэлэт хахуэхэм я лIыгъэу нобэ зэхэпхым уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым, ауэ нэхъ иныжу узыIэтыр уи къуажэгъуу, благъэу, Iыхьлыуэ абы щыIэхэм я цIэхэрщ.
Балигъхэр ирипагэрэ ныбжьыщIэхэм щапхъэ яхуэхъуу, сэ сызыщыщ Къэхъун къуажэм дэкIащ щIалэ куэд. ИкIи лIыхъужьхэм я цIэр псоми ящIэн, зэрахьэ лIыгъэм къыдэкIуэтей щIэблэр щагъэгъуэзэн папщIэ дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди къуажэгъухэм ятеухуа гъэлъэгъуэныгъэ япэ дыдэу къыщызэрагъэпэщащ Къэхъун дэт 2-нэ курыт еджапIэм. НобэкIэ къапщтэмэ, Къэхъун щыщу дзэ Iуэху хэхам щыIэр 80-м щIегъу. Зи гугъу сщIы гъэлъэгъуэныгъэр апхуэдэу зэтегъэпсыхьащи, сурэтыщIэхэр къыфIалъхьэ, лIыхъужьхэм я хъыбархэр къаIэрохьэ, къэрал дамыгъэхэр къызыхуагъэфащэхэм я дэфтэрхэр зэхуахьэс. УФ-м и Президентым, УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым я УнафэкIэ, дзэ Iуэху хэхам хэт щIалэ 50-м (Къэхъун дэт школитIым я еджакIуэу щытахэм) къэрал дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр къыхуагъэфэщащ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэрагъэпэща тхыдэмкIэ пэшыр зы университет псо ирокъу къыдэкIуэтей щIэблэр щебгъэджэнымкIэ, щыбгъэсэнымкIэ, хэкум, лъэпкъым яхуэфащэу къэбгъэхъунымкIэ. Абы щIэх-щIэхыурэ щокIуэкI «ЛIыгъэм и дерсхэр», дерс зэIухахэр, зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр. Къэхъун школакIуэхэр зыщIапIыкIыр хамэхэм я лIыгъэракъым, атIэ я къуажэгъухэм, къуэшхэм, Iыхьлыхэм нобэ дзэ Iуэху хэхам къыщагъэлъагъуэ хахуагъэмрэ щыпкъагъэмрэщ. ЩIалэхэм ящыщ и зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсу къэкIуэжамэ, кърагъэблагъэри, еджакIуэхэм хуагъазэ.
Блыным фIэлъ, дзэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа сэлэтхэм я сурэтхэм нэмыщI, тхыдэмкIэ пэшым щыболъагъу дэтхэнэ щIалэми зыпэрыт къулыкъум щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр. Абыхэм я цIэхэр тхыдэм хатхащ я хэкум хуэпэжу, я щIыналъэр яхъумэу, я къэкIуэнур мамыру щытыным псэемыблэжу зэрыхущIэкъумкIэ. Сыту хъыбар гъэщIэгъуэн куэд яIэ щIалэхэм, сыту лIыгъэшхуэ яхэлъу къызэранэкIрэ зэрыхуэ псэзэпылъхьэпIэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми щхьэхуэу утетхыхьыну къелэжь, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэралым и пащхьэ щиIэ къалэныр нобэ дзэ Iуэху хэхам щрехьэкI пщIэрэ щIыхьрэ пылъу.
Къэхъундэсхэр зыщIапIыкI хэкупсэ гъэсэныгъэм и лъабжьэ быдэщ тхыдэмкIэ пэшыр. Ар къызэгъэпэщыным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуащ тхыдэмкIэ егъэджакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Шыбзыхъуэ Хъамсинэ. Ар зиужь ихьа Iуэхур Къэхъун къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонидрэ 2-нэ курыт еджапIэм и унафэщI Джатокъуэ Риммэрэ (абы и щIалэри ящыщщ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм) къыдаIыгъри, гъэлъэгъуэныгъэ зэгъэпэщар къызэIуахащ республикэм щыяпэу. ЩIалэхэм я сурэтхэмрэ я дэфтэрхэмрэ нэмыщI, абы ущрихьэлIэнущ ди къуажэгъухэм зауэ губгъуэм кърагъэха Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм, езыхэм фронтым щаIыгъа хьэпшыпхэм, ящыгъа фащэхэм, нэгъуэщIхэми. ШколакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, унафэщIхэр, адэ-анэхэр жыджэру хэтщ дзэ Iуэху хэхар къызэрежьэрэ къэралым къыщаIэт проектхэмрэ акцэхэмрэ. Апхуэдэу «Сэлэтхэм хуатх письмо» Iуэхум хэту ныбжьыщIэхэм я къуажэгъухэм хуагъэхьа письмохэм зы плIанэпэ яубыд. Къэхъун ирагъэха тхыгъэхэр зыIэрыхьа сэлэтхэм я фIыщIэ псалъэхэр видеокIэ къыхурагъэхьыжащ ныбжьыщIэхэм, хэти письмор иIыгъмэ, нэхъ къищтэу къигъэнащ, хэти школ музейм щахъумэмэ, фIэфIу къригъэхьыжащ.
Апхуэдэ зэпыщIэныгъэ гуапэхэр я зэхуаку дэлъщ къуажэдэсхэмрэ зауэ губгъуэм ит къэхъундэсхэмрэ. Ар зи фIыщIэр къуажэ администрацэм и унафэщI Къандэхъу Леонидщ, зэпэщIэувэныгъэр къызэрыхъейрэ Iуэхум жыджэру хэт щIалэхэрщ, егъэджакIуэхэрщ, адэ-анэхэрщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, фронтым Iут ди щIалэхэм 11-рэ якIэлъыкIуащ альпинист цIэрыIуэ Шыбзыхъуэ Казбек, зыбжанэрэ - Шакъ Заур, жылэм щызэхуахьэса гуманитар дэIэпыкъуныгъэхэр хуашэурэ. Мы Iуэхум апхуэдизкIэ жылэдэсхэм ягурэ я псэрэ етащи, къуажэ Iэтащхьэм зы машинэ щигъакIуэм деж, етIуанэ машинэм къуажэдэсхэм из ящIыф. Апхуэдэуи къуажэдэсхэм къабгъэдэкIыу ди щIалэхэм зауэр щекIуэкI щIыпIэм хуахуащ «УАЗ» автомашинэр, щыгъын, ерыскъы, зауэлIхэм къагъэсэбэпын хьэпшыпхэр изу илъу.
Къуажэ администрацэм, лъэпкъ щхьэхуэхэм зэхуахьэсхэм нэмыщI, школми кърахьэлIэ ерыскъыхэмрэ хьэпшыпхэмрэ. Хъамсинэ къызэрыджиIамкIэ, школым щылажьэ егъэджакIуэхэр, класс унафэщIхэр, 1-нэ классым къыщегъэжьауэ 11-нэ классым нэс щIэс сабийхэр лъэныкъуэкIэ къэмынэу хьэлэлу хэтщ апхуэдэ Iуэхухэм. Дапщэрэ машинэ ирамыгъэжьами, курыт школ №2-м щеджэхэмрэ щылажьэхэмрэ я Iыхьэ хамылъхьэу зэи къэнакъым. Зи бын школым щемыджэ унагъуэхэми къокI дэIэпыкъуныгъэр. КIэщIу жыпIэмэ, жылэм дэс псори жумарту зэкъуоувэ. Пхъэщхьэмыщхьэхэр ашыккIэ, IэфIыкIэхэр, фIэIугъэхэр, уеблэмэ шхын пщэфIар термосышхуэхэм иту ягъэхьэзырурэ ирагъашэ. Ежьэгъуэ къэс зы былым иукIыурэ, лы килограмм 200 - 300 ирегъашэ хьэрычэтыщIэ Шыбзыхъуэ Амурбэч. Дэтхэнэми и цIэр къытхуиIуэну къыщIэкIынкъым, ауэ ар къалэну къащымыхъуу, я псэр етауэ мы Iуэхум къуажэр зэрыхэтым гур хегъахъуэ.
Апхуэдэ щIыбагъымрэ щIэгъэкъуэнымрэ губгъуэм ит сэлэтым къызэрыхуэсэбэпыр шэчыншэщ. Уеблэмэ, а гулъытэм нэхъри лIыгъэ къахилъхьэу, нэхъыбэм тригъэгушхуэу, щIыпIэ шынагъуэм щагъакIуэ пIалъэр ящигъэпсынщIэу къыпщохъу. Апхуэдэ дыдэу зи бын зауэм щыIэ адэ-анэр зэрыпIейтейри егъэмащIэ абы. Абыхэм сытым дежи фIыщIэ хуащI къуажэ Iэтащхьэм, гулъытэ хэха къазэрыхуищIым папщIэ, машинэкIэ дэIэпыкъуныгъэр зышэхэм, ар зэхуэзыхьэсхэм, лъэпэд нэхъ мыхъуми къезыхьэлIэ къуажэдэсхэм. ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым абыхэм я гум щыщIэмрэ я къуажэгъухэм зэрахуэарэзымрэ.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, зауэм зыгуэр хэмыкIуадэу къэхъуркъым. Дзэ Iуэху хэхам щыIэ къэхъундэсхэм яхэтщ иджыпсту зи хъыбар ямыщIэ зы щIалэрэ лIыгъэщIапIэм икIуэда сэлэтиплIрэ. Абыхэм зэрахьа хахуагъэр, я фэеплъыр мыкIуэдыжыну къуажэ, лъэпкъ, щIыналъэ, къэрал тхыдэм къыханащ. Ахэр псэу пэлъытэщ, я хъыбар къыдэкIуэтей щIалэгъуалэм яIуэтэху, я цIэхэр щапхъэу къраIуэху.
«ТекIуэныгъэр дыдейщ» псэлъафэр жаIэу куэдрэ зэхыбох сэлэтхэми къэрал къулыкъущIэхэми. Къэхъун икIа щIалэхэм я лIыгъэмрэ абыхэм иригушхуэу къуажэдэсхэм кIэлъызэрахьэ гулъытэмрэ плъэгъуа нэужь, а псалъэхэр быдэу уи фIэщ мэхъу!
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ, «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI, АР-м, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.