Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ. ЗэрыцIыкIурэ адыгэ макъамэм щIэдэIун фIэфIщ, абы щыщIапIыкIащ унагъуэми, пасэу зэкIуэлIэн щIидза макъамэ школми.
Нанэ и пшынэм IэфIу сипсыхьт
- Си анэшхуэр -Тохъутэмыщ Лейлэ - пшынауэу щытащ. СыщыцIыкIум нанэ зэуэ макъамэхэм седаIуэрт сфIэфIу. Гукъыдэж къызитырт абы икIи сигъэгупсысэрт. Пшынэ щеуэкIэ сыбгъэдэтIысхьэрти, пшынэ Iэпэр зэригъэджэгум, и Iэпхъуамбэхэр абы гъэщIэгъуэну зэрыщызэригъакIуэм сыкIэлъыплъырт. ИтIанэ, зезгъэщхьыну сыхэтт. Абы сипсыхьауэ къыщIэкIынущ. СыцIыкIуу пшынэр ныбжьэгъу схуэхъуати, адыгэ пшынэм и макъыр си тхьэкIумэм ит зэпыту сыкъыдэкIуэтеящ.
Си гъэсакIуэхэр щапхъэт
- ИлъэсиплI сыхъуу сыхагъэхьащ Къэрэшей-Шэрджэсым япэу къыщызэрагъэпэщауэ щыта пшынауэ гупым. ТIэкIу сыкъыдэкIуэтея нэужь, илъэси 7-м ситу, Аджыбэч Валерэ и деж зыщызгъэсэн щIэздзащ. Абы щыгъуэ адыгэ пшынэм си гъащIэр еспхыну сызэрыхуейр къызгурыIуэпат, апхуэдизкIэ пшынэм сыдихьэхати. Зэпымыууэ пшыхьхэм дыхигъэтт, дигъэгушхуэрт, «Меркурий» макъамэ ансамблым арат сыхэзышар. Нэхъри зызужьыну сыхущIэкъурти, Абхъазым макъамэмкIэ и колледжым сыщIэтIысхьащ. Си гъэсакIуэт пшынауэ цIэрыIуэ, композитор Хъунцарие Уэтэр. Колледжыр къэзухри, Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуащ - Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэмкIэ и институтым сыщеджэну, Кхъуэжь Мадинэ и гъэсэнхэм сащыщу къэзухащ ар.
Кавказым и щIыналъэ псоми къикIа студенхэр дыщызэрихьэлIат еджапIэм. ПщыхьэщхьэкIэрэ пшынэ деуэрт, уэрэд жытIэрт, адыгэ джэгу тщIырт - щхьэж зыхуэIэижь къэдгъэлъагъуэрт.
Ауэ... Сэ иджыри хъуапсапIэ сиIэт! ШыкIэпшынэми зезгъэсэну сыхуейт. Еуаз Зубер зыхуэзгъэзати, и гупым сригъэблэгъащ. «Бзабзэ» гупыр куэдкIэ сэбэп къысхуэхъуащ: абы зыщызгъэсащ, зыщызужьащ. Къыхэзгъэщынут пшынауэ Iэзэ Амщокъуэ Сэфарбии. Абы и дежи макъамэм и щэху куэд къыщысщIащ. «Бзабзэм» и уэрэдхэм делэжьу щыщIэддзам щыгъуэ, сэ къысхуагъэфащэри, «Сэридай» уэрэдыр згъэзэщIащ, сигуми си псэми дыхьэу. Къыхэзгъэщынут, адыгэ, абазэ уэрэдыжьхэр сфIэфIу зэрыжысIэр.
НэхъыжьыфIхэр
- Си гугъэмкIэ, адыгэ пшынэм зезытыну зи мурадхэр нэхъыжьхэм я дежкIэ плъэн хуейщ. АбыкIэ щапхъэщ КъБР-м щыщу Къашыргъэ КIурацэ, КъШР-мкIэ - Ерыж Зулирэ Цекъ Зэрылэрэ. Институтыр къыщызухми, си щIэныгъэ лэжьыгъэр зытеухуауэ щытар аращ: Къашыргъэ КIурацэрэ Ерыж Зулийрэ я пшынэ еуэкIэрт. СфIэгъэщIэгъуэну селэжьащ. Зы зэманым хэпсэукIа пшынауитIым я макъамэ Iэмэпсымэ джэгукIэр зэзгъэпщащ.
«Бзабзэ»
- Къэбэрдей-Балъкъэрым еджакIуэ сыкъызэрыкIуэрэ сехъуапсэрт шыкIэпшынэ сеуэфу Еуаз Зубер и деж зыщызгъэсэну. Ар Iуэху сымыщIурэ, еджэным сыкъыдэмыхуэурэ, 5-нэ курсым сынэсащ. ЕджапIэр къэзухмэ, Къэрэшей-Шэрджэсым згъэзэжын хуей хъунути, шыкIэпшынэми сыхэкIыжынут. Диплом лэжьыгъэм стхыуэ, къэрал экзаменхэм захуэзгъэхьэзыру, зэманым къыщысщIикъузэм, Зубер и деж сыкIуащ. Абы щыгъуэ Еуаз Зубер пшынауэ-шыкIэпшынауэ гуп къызэригъэпэщырти, сыхыхьэнуи сригъэблэгъащ. Сэри арэзы сыхъуащ.
«Бзабзэм» япэ концертышхуэ щитар 20I5 гъэрщ. Абы и иужькIэ занщIэу къыщацIыхуащ ди щIыналъэми, къуэш республикэхэми, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри гупым къыщIэупщIэ хъуащ. «Бзабзэ» гупым 20I5 гъэм япэу концерт щыттащ Налшык и щIыпIэ щIэращIэм -ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм. Гъэмахуэ пшыхьэщхьэ дахэм паркым итхэм я гум дехуэбылIэнщ жытIэри, Iуэху тщIауэ арат.
Концертым кIэщIу иужь иту, гупыр Тыркум дыщыхьэщIащ. Ар зи фIыщIэр филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Бакъ Зерэт. Абы Еуаз Зубер къыжриIащ Тыркум ишэну щIалэгъуалэ гуп зэрызэхуишэсыр икIи гупым дахыхьэну зэригуапэр. Тырку республикэм и къалэ, къуажэ куэдым щыдгъэIуащ адыгэ пшынэмрэ шыкIэпшынэмрэ я макъыр. Тыркум Гъэзиуэсмэн пэщэ и цIэр зезыхьэ университетым концерт щытта нэужь, пшыхьым и кIэм абы еплъахэм зыкъытхуагъазэурэ дгъэзэщIа макъамэхэм я тхыдэм, дызэреуэ щIыкIэхэм теухуауэ куэдым щIэупщIэрт. Нэхъыбэу дгъэзэщIар щIопщакIуэ макъамэхэрт, нэхъапэм адыгэр сымаджэм зэреIэзэу щытахэрт. Абы и хъыбар щахуэтщIми, дауи, телъыджэ ящыхъуащ. Мыхьэнэ иIэщ узэуэ макъамэм и тхыдэр пщIэным, абы щыгъуэм ар псэкIэ зыхыбощIэри. А бгъэзащIэм лъагъуныгъэрэ уи псэм щыщ Iыхьэрэ хэплъхьэмэ, къохъулIэнущ.
Пшынауэ цIыкIухэр согъасэ
- Еуаз Зуберрэ сэрэ мызэ-мытIэу Германием драгъэблэгъащ адыгэм и макъамэ Iэмэпсымэхэр абы щыпсэу ди лъэпкъэгъу щIалэгъуалэм едгъэцIыхуну, хуедгъэсэну. Сэ - пшынэм, Зубер - Iэпэпшынэмрэ шыкIэпшынэмрэ я щэхухэм хуедгъэджащ ныбжьыщIэхэр. ГъэщIэгъуэну къызэгъэпэщат Iуэхур. Дерсхэр зэфIэкIа нэужь, Адыгэ Хасэм пшынауэхэм я пшыхь щедгъэкIуэкIыжырт, дэ едгъэджахэр зэдгъэса къафэхэм еуэу. Абыхэм уахэплъэныр гухэхъуэт!
Налшыки пшынэм щыхузогъаджэ цIыкIухэр. СфIэфIщ, си гуапэщ садэлэжьэну! Я ехъулIэныгъэ къэси сыщогуфIыкI.
«Абазэ-адыгэ пшыналъэхэр»
- «Абазэ-адыгэ къэфалъэхэр» зи фIэщыгъэ тхылъ къыдэзгъэкIащ. Абы макъамэ зэмылIэужьыгъуэу 91-рэ ихуащ. Тхылъыр къыдэкIын щхьэкIэ къыхэлэжьащ Хъурей Феликс, нотэхэр зэпэщ хъунымкIэ къыздэIэпыкъуащ ХьэIупэ ДжэбрэIил, къафэхэм я зэкIэлъыкIуэкIэмкIэ упщIэжэгъу схуэхъуащ Думэныщ Iэулэдин, макъамэхэм селэжьыху си гупсысэхэр есхьэлIащ Еуаз Зубер. АдыгэбзэкIэ тхыгъэр зэригъэзэхуащ Езауэ Мадинэ, абазэбэкIэ - Апсэ ФатIимэ.
Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ
Пшынэ сеуэу е уэрэд жысIэу утыкум сыщитым деж, макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ. Сэ макъамэм сыхэту аракъым, атIэ макъамэр езыр сэ сщыщ мэхъу. Пшынэр си гум, си псэм къоIэзэ. Зэгуэр гъуазджэм и лъахэм иджэрэза цIыхур абы къыхэкIыжыфыну си фIэщ хъуркъым. Ар гъащIэ гъусэ пхуэхъунущ.
Гугъуэт Заремэ.