ПсэупIэу яухуэм хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм сом мелард 30 и уасэ лэжьыгъэ щызэфIагъэкIащ. Ар проценти 2,9-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
Къапщытэж лъэхъэнэм къриубыдэу республикэм щаухуащ фэтэр куэду зэхэт унэу 74-рэ, унэу 2634-рэ, псори зэхэту фэтэрыщIэу 4590-рэ хъууэ. Зэгъусэу абыхэм яубыдащ метр зэбгъузэнатIэ мин 482,6-рэ, ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ зэманым къриубыдэу зэфIагъэкIам нэхърэ. Абы щыщу метр зэбгъузэнатIэ мин 360-р унагъуэ щхьэхуэхэм яухуэжащ икIи 2023 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэм яхузэфIэкIахэм елъытауэ ар мин 11-кIэ нэхъыбэщ. 
Къуажэ щIыпIэхэм щаухуам яубыдащ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 274,7-рэ, нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ ар хуэдэ 1,6-кIэ нэхъыбэщ.

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.01.2026 - 09:03

Сабийхэр ягъэгуфIэ

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэр щыIащ республикэм и Сабий унэм.

16.01.2026 - 09:26

Пэжыр цIыхубэм лъагъэIэс

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и япэ зэIущIэр вэсэмахуэ екIуэкIащ. Абы и уна­фэщI Жыласэ Заурбэч жи­Iащ илъэсым Iуэ­ху гуапэкIэ зэрыпежьар.

16.01.2026 - 09:23

АХЪМЭТ Амир: ЦIыхум уи сэбэп екIынырщ нэхъыщхьэр

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) и гъэсэнхэм дунейпсо, урысейпсо утыкухэм нэгъабэ къыщагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз нэгъуэщI лIэужьыгъуэк

15.01.2026 - 08:57

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэм я музей. 

15.01.2026 - 08:56

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

2025 гъэм и иужьрей махуэхэм «Шайбу, шайбу!» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм хоккеймкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.