Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ иджыблагъэ IущIащ дзэ Iуэху хэхам хэт, 503-нэ полкым и командир Бэгъуэт Къантемыр. Ахэр тепсэлъыхьащ ди зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ, зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ ахэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ Iэмалхэм.
Абы иужькIэ Борсэм зригъэлъэгъуащ «ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу «Шэджэмыр ипэкIэ мэбакъуэ» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Шэджэм псы Iуфэм деж щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр здынэсар.
Мыбдежым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и унафэкIэ, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я «ЩIыхьым и аллее» щаухуэ. Абы хиубыдэу а щIыпIэм щагъэувынущ Хэкум и хъумакIуэхэм - Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Байсултанов Алимрэ Къуэныкъуей Назиррэ, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм хэкIуэдахэм зыуэ щыт я фэеплъ.
Къалэдэсхэм я кIуапIэ хъуным хуэщIауэ яухуа мы щIыпIэм, «ТекIуэныгъэм и Парк» зыфIащынум, хуэфащэ увыпIэ фэеплъым щиубыдынущ. Ар зрагъэщIынур КъБР-м и цIыхубэ художник Катони Станиславщ.
Апхуэдэуи, гугъэ щыIэщ дзэ Iуэху хэхам хэт ди зауэлIхэм НАТО-м и Iэщэрэ техникэу щызэтракъутам, щызыIэрагъэхьам щыщ абдеж щагъэувыну.
АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.