Дзэ Iуэху хэхам и хъыбархэр зэхуэхьэсауэ

Налшык дэт Лъэпкъ музейм, дзэ щIы­хьым и пэшым, щекIуэкIащ «Нет уз святее товарищества» тхылъым теухуа зэIущIэ. Абы щызэхуэхьэсащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтахэм, абы хэ­кIуэдахэм я унагъуэхэм я гукъэкIыжхэр. 

Iуэхур къызэригъэпэщащ «Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр» фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм. Фондым тхылъыр къыдигъэкIащ тхакIуэ Прилепин Захар и редакцэм щIэту. Мыр СВО-м теухуа рассказхэр зэрыт етIуанэ тхылъщ. Япэрейм, ««Жизнь за други своя» зи фIэщыгъэм, щытепсэлъыхьат Москва, ВДНХ-м, щекIуэ­кIа «Россия» гъэлъэгъуэныгъэшхуэм.
«Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр» фондым къыдигъэкIа тхылъым ихуащ СВО-м теухуа рассказ 43-рэ. Ар щызэхагъэувэм, фондым къыхурагъэхьат дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм, СВО-м щыIэхэм я унагъуэхэм, абы хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэм я хъыбару, гукъэкIыжу 750-м щIигъу.
- Ди фондым гулъытэ хуещI СВО-м хэтхэм, абы къратыкI хъыбархэр зэхуэхьэ­сыным, тхыдэм ахэр къыхэнэным, зи псэ зытахэм я фэеплъыр хъумэным. Дэ тхылъым идгъэхуа хъыбархэр къытIэрагъэхьащ дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм, абы мы зэманым щыIэхэм я благъэ-Iыхьлы­хэм. Къулыкъум пэрыту зи псэр зыта ди лIы­хъужьхэм я фэеплъыр дохъумэ, мы зэманым СВО-м и псэзэпылъхьэпIэм Iутхэм IуэхукIи псалъэ гуапэкIи дазэрыщIыгъур зыхедгъэщIэн папщIэ тлъэкI къэдгъанэ ­хъунукъым, - жиIащ фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Къу­мыкъу Зульфия. 
Дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужь хъыбархэм ­къеджащ ПщыхьэщIэ Ахьмэд, Мэзло Заурбэч, Коваленкэ Роман сымэ. Ветеранхэр тепсэлъыхьащ СВО-м и хъыбархэм, къу­лыкъу къадэзыщIахэм я лIыхъужьыгъэм, дзэ Iуэхум щынэхъапэу къалъытэхэм.
ТхылъыщIэм иращIэкIа зэIущIэм кърагъэблэгъат дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, къулыкъум пэрытхэм я унагъуэхэр, курыт еджапIэм щIэсхэр, студентхэр, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. 
Зи гугъу тщIы тхылъыр Iэрагъэхьащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм, КъБР-м и Лъэпкъ музейм, республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм. 

ГУГЪУЭТ  Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2025 - 09:03

ГъащIэщIэм и хъумакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Перинатальнэ центрым иджыблагъэ къыщрагъэлащ мылъхуэсу дунейм къыщытехьа сабий цIыкIуитI.

23.01.2025 - 09:03

ХьэщIагъэрэ гуапагъэрэ кIэлъызэрахьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэзахъстанымрэ кикбоксингымкIэ я спортсменхэм я еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэс Налшык къалэм щекIуэкIащ.

23.01.2025 - 09:03

Ставрополь къалэр къапоплъэ

Спорт хъыбархэр

22.01.2025 - 15:02

Къуажэдэсхэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэ

«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щаухуэнущ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэщIэхэр.

22.01.2025 - 09:12

ТекIуэныгъэр Иныр ди гъуазэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа Те­кIуэныгъэр илъэс 80 зэ­рырикъур щагъэлъэпIэну дауэдапщэхэр гъэхьэзырынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ иригъэкIуэ