ЦIыхубэм папщIэ яухуэ инфраструктурэ ухуэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ иригъэкIуэ-кIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Мы гъэм зэфIагъэкIыпхъэ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм ящыщу процент 75-р и кIэм нэса-щи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр пэрыт щIыналъэхэм яз хъуну гугъэ щыIэщ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ гулъытэшхуэ хуэныкъуэ Iуэхухэм. Мы гъэм яутIыпщын хуея цIыхубэ инфраструктурэ объект 64-м ящыщу 30 яухакIэщ. Ахэр школхэрщ, амбулаторэхэрщ, щэнхабзэм епха ухуэныгъэхэрщ, къинэмыщIхэрщ. КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ лэжьыгъэхэр и чэзум зэфIагъэкIын хуэдэу, ткIийуэ кIэлъыплъыну.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр жыджэру хэтщ Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьа лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ. А лэжьыгъэм адэкIи пащэнущ.