Худэчых зыхэт къэрал дэIэпыкъуныгъэ![]() Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм мэкъумэшыщIэхэм худэчых хэлъу лизингкIэ ярит ахъшэм хуэдитIым нэблагъэкIэ яхухигъэхъуэнущ 2025 гъэм. Ар щыжиIащ министр Лут Оксанэ «Зыуэ щыт Урысей»-м Къэрал программэхэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм. «Мы гъэм елъытауэ илъэс дызыхуэкIуэм сом мелуан 600-кIэ нэхъыбэ а Iуэхугъуэм ди бюджетым щыхухэтхащ. УФ-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэмрэ дэрэ дызэгъусэу хэкIыпIэхэр къыдолъыхъуэ иджыпсту, лизинг дэIэпыкъуныгъэр сом меларди 4,5-кIэ нэхъыбэ иджыри зэрытщIыным ехьэлIауэ», - жиIащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ. Апхуэдэу абы къыхигъэщащ, УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и къэрал программэхэр гъэзэщIа хъун папщIэ, етIуанэ еджэгъуэм халъхьэжа дэщIыгъужынхэри хэту, 2025 гъэм сом мелард 521,4-рэ, 2026 гъэм - сом мелард 539,6-рэ, 2027 гъэм – сом мелард 551,6-рэ бюджетым къызэрыщыгъэлъэгъуар. Ди республикэм игугъу тщIыуэ щытмэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ ди мэкъумэшыщIэхэм мэкъумэш техникэ зэхуэмыдэу 125-рэ къащэхуащ. Мыбдежми жыджэру лизингыр абыхэм гъэсэбэпащ. Мы гъэм къащэхуа техникэм щыщу 45-р апхуэдэ IэмалкIэ зрагъэхъулIащ, 25-р - «Росагролизинг»-м деж къыщащтащ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||








