Жыг хадэм цIыкIухэм зыщаплъыхь

Адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэн­хабзэмрэ зегъэу­жьы­ным­кIэ «Адыгэ цIыкIу» центрым и гъэсэнхэм зыщ­рагъэплъы­хьащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел и цIэр зезыхьэ жыг хадэм. 

ЦIыкIухэм папщIэ абдеж дерс щригъэкIуэкIащ тхыдэмкIэ егъэджакIуэ Къэбардэ Астемыр. Ар «Адыгэ цIыкIум» и гъэсэнхэм яхутепсэлъыхьащ Налшык паркым и тхыдэм, абы ХьэтIо­хъущыкъуей Исмел и цIэр щIызэрихьэм, ди паркыр Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэхэм зэращыщым. Адыгэхэм ягъэкIыу щыта жыг лъэпкъыгъуэхэм, ди япэ итахэр жыгым хуэсакъыу, пщIэ хуащIу, дагъакIэу, еIэ­зэу зэрыщытам теухуауэ егъэджакIуэм гъэщIэгъуэн куэд жиIащ, ягуригъэIуащ тхьэмпэкIэ, пхъафэкIэ жы­гым и лIэужьыгъуэр къапщIэ зэрыхъур, абы и ныбжьыр къызэрахутэ щIыкIэр, сымаджэ хъуа жыгыр зэрагъэхъужыр, жыг къызэрагъэкI Iэмалхэр. Бжьыхьэ ха­дэм къыщакIухьурэ, гупым зэрагъэлъэгъуащ адыгэм пщIэ зыхуищI жыг лIэу-жьыгъуэхэр: хьэмкIутIей,  щхъуэмч жыг, дей, кхъужьей, уэздыгъей, бзииху, нэгъуэщIхэри. 
- Пасэм адыгэхэр мэзым кIуэмэ, сэ цIыкIу къыздащ­тэрт. Сытыт иращIэр? Щхъуэмч жыгым и къудамэр къутауэ е жыгым фэбжь гуэр иIэу ирихьэлIэмэ, абы Iэмал имыIэу «дэIэпы­къурт». Къудамэхэр гуищIы­кIынкIэ хъунут жьапщэм, уэшхышхуэм. А гуэщIыкIар, сымаджэ хъуар дагъэжырти, къудамэ узыншэ къа­хьыр­ти дадзэрт. Адыгэм пщIэ хуищIу щытащ щхъуэм­чым. Сытыт ар къызыхэкIыр жыфIэмэ, гугъу щехьа, шхын щыхуэныкъуэ зэманхэм мэзым щыкуэдт ­щхъуэмчыр. КIуэрти, ар къащыпырт, шхыныгъуи яхуэ-хъурт. Адыгей лъэныкъуэмкIэ нобэми ар щапщэфI. Мис иджыпстуи мы жыгым и лъабжьэм пыщэщаIауэ зыри зэрыщIэмылъыжымкIи, сэ хузогъэфащэ, ди цIыху­хэм ящIэу ар пшхы зэрыхъур. Къа­щыпу, япщэ­фIу къыщIэ­кIынущ, - жиIащ Астемыр цIыкIухэр щхъуэмч жыгым щыбгъэдишам. 
- ХьэмкIутIэм адыгэхэм къыхащIыкIыу щытащ нанухэм кIэралъхьэ нэтемы­гъа­хуэ цIыкIухэр. Жыг угъурлыуэ, фIы къыдэкIуэу къалъытэрт хьэмкIутIейр, абы къыпыкIэри яшхырт, - яж­ри­Iащ хьэмкIутIейм теухуа­уэ. 
ХьэтIохъущыкъуэм и хадэм итщ зы жыгыжь, и кур гъуанэ хъуауэ. Ар псоми яцIыху, яфIэфIщ абы бгъэ­дэту сурэт зытрахыну. А жыг­ри ирагъэцIыхуащ адыгэ цIыкIухэм. ИкIи ар щапхъэу къигъэлъагъуэурэ Астемыр абыхэм ягуригъэIуащ жы­гым теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд. 
- Куэдым ягъэщIагъуэ мы жыгым и кур имылъыж пэтми, къызэрыкIыр, зэрызиужьыр, зэрымыгъужыр. Ауэ мыбы телъыджэ гуэр хэлъу аракъым, атIэ жыгым и зыужьыкIэм и хабзэ зэри­Iэжыр къигъэлъагъуэу аращ. Жыгым и пхъафэм хэлъ гуащIэр хурокъу ар мыгъужыным, - яжриIащ абы теухуауэ. 
«Адыгэ цIыкIу» IуэхущIапIэм и унафэщI Къармэ Iэсият Астемыр фIыщIэ   хуищIащ и гъэсэн цIыкIухэм я гум имы­хужын, щIэщыгъуэу зэ­дэIуа дерс ядригъэкIуэ­кIам щхьэкIэ. 
ЩIэблэм бзэр ебгъэщIэнумэ, япэрауэ, ар щIэщы- гъуэ ящыщIын хуейщ. «Адыгэ цIыкIу» сабий зегъэу­жьы­пIэм аращ я хабзэ нэхъыщ­хьэри, Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ сабийхэр бзэм драгъэхьэх. Мыпхуэдэ дерс щIэщыгъуэхэри апхуэдэ Iэмалхэм ящыщ зыщ. 
Тхыгъэри сурэтри ГУГЪУЭТ Заремэ ейщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.12.2024 - 15:48

ПсэупIэу яухуэм хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм сом мелард 30 и уасэ лэжьыгъэ щызэ

04.12.2024 - 14:39

Мыд Мадинэ и фэеплъу

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, музыкант, профессор, лъэпкъыбэ зэпеуэхэм я лауреат Мыд Мадинэ Къэралбий и пхъур (1964 – 2018) псэужатэмэ, и

04.12.2024 - 14:38

Псы фIей хъумапIэхэм я Iэужьыр

Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ.

04.12.2024 - 12:25

ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ

Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ иджыблагъэ IущIащ дзэ Iуэху хэхам хэт, 503-нэ полкым и командир Бэгъуэт Къантемыр.

04.12.2024 - 09:03

Дзэ Iуэху хэхам и хъыбархэр зэхуэхьэсауэ

Налшык дэт Лъэпкъ музейм, дзэ щIы­хьым и пэшым, щекIуэкIащ «Нет уз святее товарищества» тхылъым теухуа зэIущIэ.