Бахъсэн къалэ гъуэгухэр зэрагъэпэщыж

Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и мылъкукIэ 2024 гъэм гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжыным щыпащэ. Абы къыдэкIуэу къалэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым: гъуэгухэр хэпщIыкIыу йофIакIуэ, цIыху зэхэзекIуапIэхэмрэ машинэ зэхэзежапIэхэмрэ дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ техникэ IэмалхэмкIэ зэщхьэщагъэкI, лъэс лъагъуэхэр нэхъыбэ мэхъу. А лэжьыгъэр мы гъэми щIэгъэхуэбжьауэ йокIуэкI. Апхуэдэу лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ зэрагъэпэщыж Бахъсэн къалэм Буденэм и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Лениным и цIэр зызехьэ уэрамышхуэмрэ зэпызыщIэ гъуэгур.
Гъуэгур цIыхушхуэ щызэхэзекIуэ щIыпIэхэм хеубыдэ. Километр ныкъуэ зи кIыхьагъ, метрих зи бгъуагъ гъуэгур цIыхухэр нэхъыбэу щызэхуэс IуэхущIапIэхэм йокIуалIэ: сабий гъэсапIэм, курыт еджапIэм, сымаджэщым, мэжджытым. Абы къыхэкIыу, гъуэгур зыхуей хуэгъэзэныр цIыхум и шынагъэншагъэр къызэзыгъэпэщ IэнатIи мэхъу.
Мысыхьэтым гъуэгум телъ асфальт къилъэлъар трахащ. Ар хуагъэхьэзыр тIуащIэу зэтелъ асфальтобетон зэрытралъхьэнум. Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, гъуэгум дяпэкIэ зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщынущ, гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэувэнущ, лъэс лъагъуэхэр яукъуэдиинущ, уэздыгъэ пкъохэр хатIэнущ, автомашинэ гъэувыпIэхэр щIыпIэ зыбжанэм щаухуэнущ.
Кърахьэжьа Iуэхум епха лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIыну щытраухуар мы мазэм и кIэхэращ. Мысыхьэтым екIуэкI къэпщытэныгъэхэр гъуэгуухуэхэм хуагъэува пIалъэм иту зэрагъэпэщ, ухуэныгъэм къигъэув мардэхэр ягъэзащIэ.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.07.2025 - 09:03

Хьэсаут

ГъэщIэгъуэнщ                                                   

09.07.2025 - 09:03

Гъавэр кърахьэлIэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъавэ Iухыжыгъуэ лъэхъэ­нэр щокIуэкI. Псом япэу ­Iуахыжыр бжьыхьэсэ гъавэрщ.

09.07.2025 - 09:03

Шэджэм псыкъелъэхэм къыщыщIэдзауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгухэр зэгъэпэщы­жы­ным хуэунэтIа лэжьыгъэм щыпащэ.

09.07.2025 - 09:03

Лъэпкъ фIыгъуэхэр щахъумэ

Иужьрей лъэхъэнэм нэрылъагъу тщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм я нэхъыщхьэхэм хохьэ къэрал унафэщIхэм унагъуэм, абы къихъуэ щIэблэм, къитэджыкI щIалэгъуалэм гулъытэ хэха, лъагэ ягъуэт зэрыхъуар, анэмрэ саби

08.07.2025 - 09:27

Республикэми къэралми къахуэщхьэпэнущ

КъБКъУ-м МедицинэмкIэ и академиер къэзыуха ныбжьыщIэ 387-м я дипломхэр ЩIалэгъуалэм я унэм ды­гъуасэ щратыжащ. Абыхэм ящыщу цIыху 30-р фIы дыдэу еджащ.