ЕфIакIуэ зэпыту къогъуэгурыкIуэ

Адыгэ Республикэм мы гъэм егъэлъапIэ ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 33-рэ зэрырикъур. Абы ирагъэхьэлIащ «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм я журналистхэр «Адыгэ макъым» дызэрыригъэблэгъар. Республикэр къызэрыунэхуам и гугъу тщIын ипэ, къыхэзгъэщыну сыхуейщ и теплъэкIи, псэукIэкIи, IэмалкIи ефIакIуэ зэпыту Адыгейр къызэрыгъуэгурыкIуэр. Нобэ абы уи нэгу къыщыIуедзэ унэщIэхэр, гъуэгущIэхэр, IуэхущIапIэщIэхэр куэду къызэрыщызэIуахыр, цIыхухэр нэжэгужэу, зыхуей хуэзэу зэрыщыпсэур. 

Къэралыгъуэм и къежьапIэр
Тхыдэм и напэкIуэцIхэм уриплъэжмэ, 1922 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м ВЦИК-м и Президиумым Унафэ къыдигъэкIауэ щытащ Шэрджэс (Адыгей) автоном область зэраухуэмкIэ. Абы и цIэр 1922 гъэм шыщхьэуIум и 24-м Адыгей (Шэрджэс) автоном областу зэрахъуэкIат. 1937 гъэм щегъэжьауэ Адыгей автоном областыр Краснодар крайм хыхьэу щытащ. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, Адыгейр къэрал-лъэпкъ щIыналъэхэм ящыщу блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм ирихьэлIэу япэ дыдэу щIэныгъэншагъэр зыгъэкIуэдахэм язщ, колхозхэр къызэгъэпэщынымкIи япэ итащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм областым и цIыху мин 80 фронтым Iухьащ я хэкум и щхьэхуитыныгъэр яхъумэну. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ Адыгейм щыщу цIыху 52-м, абыхэм ящыщу 7-р адыгэт. 
Адыгэ хэгъэгум и гуащIэрыпсэухэм зэи я гъунэгъухэм зыкъыкIэрагъэхуакъым, сытым дежи зыужьыныгъэ гъуэгум тетт, зауэ нэужь лъэхъэнэми экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зэфIэгъэувэжыным, псэукIэр егъэфIэкIуэным жыджэру телэжьащ. Абы щыгъуэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ Адыгейм Лениным и орденыр (1957 гъэ), Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и орденыр (1972 гъэ) къыхуагъэфэщащ. 
1990 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м Адыгей областым и цIыхубэ депутатхэм я Советым тхыдэ мыхьэнэ зиIа сессие ирагъэкIуэкIауэ щытащ, автоном областыр РСФСР-м хэгъэгу щхьэхуэу хэгъэхьэным теухуауэ. Жэщ хъуху екIуэкIа зэIущIэм и кIэухым утыку кърахьауэ щытащ РСФСР-м Адыгей Автоном Советскэ Социалистическэ Республикэ зэриIэм теухуа унафэр. Абы папщIэ депутат 63-м арэзыуэ Iэ яIэтат, 43-р арэзытэкъым, 2-р гуитIщхьитIт. 

Хэгъэгу щхьэхуэ мэхъу
Адыгейр хэгъэгу щхьэхуэу Урысей Федерацэм хэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я II съездым. Ар 1990 гъэм екIуэкIащ икIи «РСФСР-м и къэрал суверенитетым и декларацэр» и тегъэщIапIэу РСФСР-м и Конституцэм и 71-нэ, 82-нэ, 84-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. А зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, Урысейм и автономнэ областхэр крайхэм къыIахыжри, Урысей Федерацэм и субъект щхьэхуэ хъуащ. Ар конституцэкIэ щIагъэбыдащ 1990 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м. 
ИужькIэ, 1991 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м, Адыгей ССР-м къэрал суверенитетым и Декларацэр къищтащ. Къэралым и Президент Ельцин Борис 1991 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м Iэ щIидзащ «Адыгей Автоном областыр РСФСР-м хэт Адыгей Совет Социалистическэ Республикэ зэращIам теухуауэ» РСФСР-м и Унафэм. Абы къыщыхьат щIэуэ зэрагъэпэща щIыналъэм Адыгейм ис лъэпкъ псоми хуитыныгъэ щаIэу, цIыхум и хуитыныгъэр хъумэныр япэ ирагъэщу зэрыщытынур. 
Абы къыкIэлъыкIуэу унафэ тращIыхьащ Урысейм и хэгъэгущIэм хабзэ къыдэзыгъэкI, гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэр иIэн зэрыхуейм. ИкIи РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэкIэ ар хуит ящIащ и щIыналъэм и тхыдэм щыяпэ Парламент къызэригъэпэщыну, депутати 100 хэту. 

Адыгэ лъэпкъыр къызэщIекъуэ
Щхьэхуэу къытеувыIапхъэщ автономием къыкIэлъыкIуэу республикэ хъуа щIыналъэм адыгэ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIам. Кавказ зауэжьым иужькIэ, 1897 гъэм ирагъэкIуэкIауэ щыта къыхэтхыкIыныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Кубань и Iэгъуэблагъэм иса ди лъэпкъэгъухэр абы щыпсэу цIыхухэм я проценти 2 къудей хъууэ арат. ЦIыху мини 192-рэ исти, абы щыщу мин 30-рт адыгэр. А бжыгъэм хэтт Щхьэщэхуж щыпсэухэри, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэри. Иджыпсту республикэм адыгэ мин 27-рэ исщ. Автономием лъэпкъыр нэхъ зэщIикъуащ. Хьэхъурэт Щыхьынджэрий хэкум пашэ хуэхъуат абы щыгъуэм. Республикэр щIыналъэ щхьэхуиту зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт экономикэмрэ щэнхабзэмрэ къэIэтыным. Арауэ жыпIэ хъунущ щIыналъэр зыгъэбыдар. 

Къэрал ныпу къащтэ
Къэралыгъуэ зэрыхъуам и нэщэнэ ныпыр, гербыр, гимныр къащтащ. Зэманыр зэрыхьзэрийуэ, зэпэщIэувэныгъэхэр щыкуэду щытами, ди лъэпкъэгъухэм яхузэфIэкIащ адыгэ лъэпкъым и ныпыр къэрал ныпу кърагъэщтэн. Абы папщIэ Адыгейм и лIыкIуэхэр Санкт-Петербург щыIэ геральдикэ комиссэм ягъэкIуауэ щытащ. Лъэпкъ ныпым и теплъэри пхъуэж зэрымыхъунур щрагъэдащ абы. НэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIауэ республикэм щыпсэухэм я хуитыныгъэхэри хъума хъуным и нэщэнэу, Джарым Аслъэн къыхилъхьэри, ди лъэпкъ бэракъыр Адыгейм и къэрал IуэхущIапIэ псоми фIадзащ. Илъэси 160-рэ зи ныбжь лъэпкъ ныпыр нобэ къэрал мыхьэнэ зиIэ хъуащ. ИужькIэ зэныкъуэкъуи къиини къыхэмыкIыу гербымрэ гимнымрэ къащтащ. 

ЛIыщхьэхэм я зэфIэкI
Республикэм зэманым декIуу зэрызиужьым я фIыгъэшхуэ хэлъщ илъэс зэхуэмыдэхэм абы и унафэщIу щытахэу Джарым Аслъэн (1992 - 2002), Щэумэн Хьэзрэт (2002 - 2007), ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий (2007 - 2017), 2017 гъэ лъандэрэ Iэтащхьэ къулыкъум пэрыт КъумпIыл Мурат сымэ. 
Урысейм къыщрахьэжьэ Iуэхухэр нобэ республикэм жану щызэфIах, бгъэдэлъ беягъхэмкIэ къэралым щынэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат и нэIэ тетщ экономикэм зегъэужьыным, цIыхухэр зыгъэпIейтейхэр зэфIэхыным, абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи ядэIэпыкъуным теухуауэ щыIэ Iэмал псори къэгъэсэбэпыным. А псори цIыхубэм зэхащIыкIыу, зэгурыIуэу-зэдэIуэжу, ефIакIуэ зэпыту мэпсэу илъэси 100-м нэблагъэ гъуэгуанэ зи щIыбагъ къыдэлъ Республикэр. 
ПсэукIэм ехьэлIа Iуэхур псом япэ ирегъэщ УнафэщIым, сыт хуэдэ Iэмал щыIэми къегъэсэбэп, нэхъыщхьэращи, цIыхухэм я гуныкъуэгъуэхэр елъагъу, жаIэхэр зэхех, къыхуатххэм йоджэри, ахэр и лэжьыгъэм щыщ мэхъу. Министерствэхэм къалэн щхьэхуэу яхуегъэув федеральнэ къулыкъущIапIэхэм жыджэру ядэлэжьэну, сэбэпынагъ куэд къахуэзыхь лъэпкъ проектхэр, къэрал, республикэ программэхэр и чэзум зыхуей хуэзэу гъэзэщIа хъуным быдэу кIэлъоплъ. 

Иджырей Адыгейр 
Адыгейм и псэукIэр зэрефIакIуэм, зэрызиужьым абы щыпсэухэми хьэщIэу еблагъэхэми гу лъатэ. Я гъуэгухэр, жылагъуэ щIыпIэхэр дахэу зэрагъэпэщ, спортым, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным ехьэлIа IуэхущIапIэхэр къызэIуах. ЦIыхухэм я нэгу зыщрагъэужьыну щIыпIэхэр и куэдщ, сыт хуэдэ Iуэхутхьэбзэри Мейкъуапэ щыбгъуэтынущ, щIыналъэхэмрэ жылэхэмри еджапIэхэр, гъэсапIэхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр къыщызэIуах. А псор и щыхьэтщ Урысейм и Ипщэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм ящыщу зыужьыныгъэмкIэ Адыгейр япэ зэритым. 
ИджыкIэ АР-р дуней псом къыщацIыху лъахэ дахэщ. Абы и щIыуэпсыр, бгылъэ щIыпIэхэр, псыкъелъэхэмрэ ежэххэмрэ зэ зылъэгъуауэ димыхьэха щыIэу къыщIэкIынкъым. Адыгэ къафэмрэ макъамэмрэ, утыку ит къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж «Налмэсымрэ», «Ислъэмеймрэ», IэпэIэсэу, зэчиифIэу, щIэныгъэлIу, тхакIуэу, сурэтыщIу ис цIыху цIэрыIуэхэр уи нэгу къыщыщIыхьэкIэ узэрыадыгэм уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. 
ПсэукIэр тынш ищIу, гугъапIэфIхэр уигъэщIу апхуэдэщ республикэм и экономикэм зэрызиужьыр. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, республикэм щащIхэмрэ къыщыщIагъэкIхэмрэ хуэдэ 1,9-кIэ хэхъуащ иужьрей илъэсхэм. Ахэр 2018 гъэм сом меларди 120-рэ и уасэ хъууэ щытамэ, нэгъабэ сом мелард 231,9-м нагъэсат, нобэ республикэм и зыужьыныгъэм инвестицэу къыхалъхьэр сом мелард 60-м щIегъу. Адыгейм и ЛIыщхьэм сыт щыгъуи къыхегъэщ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ я фIыгъэкIэ куэд зэрызэфIагъэкIыр, цIыхухэм я псэукIэр нэрылъагъуу зэрефIакIуэр. КъумпIыл Мурат зэрыжиIэмкIэ, мыхьэнэ нэхъыбэ зиIэхэм ящыщщ промышленностымрэ туризмэмрэ зегъэужьыныр. Промышленность и лъэныкъуэкIэ зи гугъу щIыпхъэр Тэхъутэмыкъуей районым щаухуэ «Инэм» промышленнэ паркырщ. Абы гектар 200 еубыд. IуэхущIапIэу 50 хуэдиз хэтщ, абы инвестицэу сом мелард 65-м нэс къыхэкIынущ, цIыху мини 10-м лэжьыгъэ IэнатIэ щагъуэтынущ. Туризмэм щыщыIэ зэхъуэкIыныгъэхэм я гугъу пщIымэ, «Лагъуэ накъэ» лыжэкIэ къыщежэх щIыпIэ хуащIынущ, абы инвестицэ ахъшэу сом мелард 60 хуэдиз халъхьэнущ, цIыху мини 2,5-рэ зыщIэхуэн хьэщIэщхэр щащIыну. Абыи Адыгейм и цIыхуу мини 2 хуэдизым лэжьапIэ щагъуэтынущ. Шэч хэмылъуи, абы и фIыгъэкIэ хэхъуэнущ зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм. 
Дэнэ щыпсэу адыгэми адэжь хэкуу къилъытэ Адыгейр нобэ зэманым декIуу мэбакъуэ, лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр щызэрахьэ, бзэр щрагъэдж, экономикэ, ухуэныгъэ, узыншагъэр хъумэн, егъэджэныгъэ, спорт IэнатIэхэм къызэтемыувыIэу заужь. 
 

 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.12.2024 - 15:48

ПсэупIэу яухуэм хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм сом мелард 30 и уасэ лэжьыгъэ щызэ

04.12.2024 - 14:39

Мыд Мадинэ и фэеплъу

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, музыкант, профессор, лъэпкъыбэ зэпеуэхэм я лауреат Мыд Мадинэ Къэралбий и пхъур (1964 – 2018) псэужатэмэ, и

04.12.2024 - 14:38

Псы фIей хъумапIэхэм я Iэужьыр

Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ.

04.12.2024 - 12:25

ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ

Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ иджыблагъэ IущIащ дзэ Iуэху хэхам хэт, 503-нэ полкым и командир Бэгъуэт Къантемыр.

04.12.2024 - 09:03

Дзэ Iуэху хэхам и хъыбархэр зэхуэхьэсауэ

Налшык дэт Лъэпкъ музейм, дзэ щIы­хьым и пэшым, щекIуэкIащ «Нет уз святее товарищества» тхылъым теухуа зэIущIэ.