Фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр жанркIэ зыхуэдэр жыIэгъуейщ. Абы хыболъагъуэ Iуэтэжым и къэIуэтэкIэ нэщэнэхэ-ри, къыхыболъагъукI хьэщIэщ уэршэрыкIэм и щIыкIэхэри, зыхыбощIэ журналист къэхутэныгъэм и хуэмэбжьымэ зэрытрихьари. Ауэ узыIэпешэ, уегъэгупсысэ, уегъэлъыхъуэ. Тхыгъэр зи къалэмыпэ къыщIэкIа МэшхуэфI Нэждэт и гъащIэр зэрыщыту лъэпкъым щхьэузыхь хуищIащ. Фи пащхьэ итлъхьэ лэжьыгъэри абы иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэшхуэм щыщ зы Iыхьэщ - ар зытриухуа адыгэ бзылъхугъэ цIыкIур щIыпIэ куэдым къыщацIыху, ауэ къызыхэкIа лъэпкъым абы теухуауэ ищIэр мащIэ дыдэщ. А щыщIэныгъэр нэхъыжьыфIым зэригъэзэкIуэж тхыгъэщ.
МэшхуэфI Гунэху гимназием щоджэ. Етхуанэ классым щIэсщ. Нобэ тхьэмахуэ махуэщ. Гунэху и гуфIэгъуэ махуэщ. Къыдеджэ цIыкIухэр къыхуэкIуауэ зэхэсщ, зэрызохьэ, дунейм зытемыпсэлъыхьрэ зи гугъу ямыщIрэ щыIэжкъым. Куэд дэмыкIыу дади къахыхьэнущ. Дадэ къащыхыхьэкIэ, къажриIэнур зыхуэдэм йогуп-сыс хъыджэбз цIыкIур. Аракъэ-тIэ, дадэ и хабзэр. ЦIыкIухэр мыпхуэдэу зэхэсу щилъагъум деж, къахэмыхьэн лъэкIыркъым. КъащыхыхьэкIи, гъэсэпэтхыдэ гуэр къахуеIуатэ, гукъэкIыж гуэрхэм щIегъэдэIу. Гунэху и хьэщIэхэри щыгъуазэщ дадэ и щэнхэм. Дадэ цIыкIухэм балигъым зэрепсалъэм хуэдэущ къазэрепсалъэр. Ар Гунэху и ныбжьэгъу цIыкIухэм хуабжьу гуапэ ящохъу.
Дадэ абыхэм къажриIэм и нэхъыбэр зэи зэхахакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, зэгуэр зэхахари нэхъ куууэ къагурыIуэ мэхъу. Ари ныбжьыщIэхэм ямыгъэщIэгъуэн ялъэкIыркъым. Дадэ къыщыкIуэкIэ, «сыкъокIуэ» къригъэкIыу мащIэу хопсчэуIукI. Асыхьэтым цIыкIухэр зэплъыжу щIадзэ, зызэрагъэзэхуэж, я щхьэцхэм телъэщIыхьу хуожьэ. Дади къызыщIэтэджа гупым фIэхъус гуапэ ярехри къахохьэ. МыпIащIэ-мытхъытхъыу и тIысыпIэм кIуэ дадэми цIыкIухэр зырызыххэу зэпеплъыхь, я нэгум щIоплъэ, я щхьэфэм Iэ дилъэ нэхъей, псоми ящогуфIыкI.
НыбжьыщIэхэм я зэхэсыкIэр зэригуапэр къапщIэу, дадэ и нэгур зэлъыIуех. МакIуэри, ар унэм щыщIэмысым деж зыри зэрымытIысхьэ и шэнтиуэм йотIысхьэ. НыбжьыщIэхэр егъэтIысыжри, кърегъажьэ:
- Си ныбжьэгъу цIыкIухэ, нобэ зы тхакIуэ ныбжьыщIэ и гугъу фхуэсщIынут, абы и цIэр зэхэвмыхагъэнкIи хъунущ. Сыт жыфIэн?
ЦIыкIухэм жаIэнуми пэмыплъэу, я гуапэ зэрыхъунум шэч къытримыхьэу, дадэ и псалъэм къыпещэ:
- Зи гугъу сщIынур щIалэ дыдэми, куэд хузэфIэкIащ. Си щхьэкIэ си фIэщ мэхъу абы нэхъыбэ зэрыхузэфIэкIынури. Ар Джэтауэхэ ящыщщ, и цIэр Гунайщ. Тыркум 1981 гъэм къыщалъхуащ, и адэ-анэм я гъусэу 1994 гъэм Хэкум къэкIуэжащ. Мейкъуапэ щыпсэуащ. Фэ иджыпсту фыщеджэ еджапIэр къиухащ, адыгэбзэми щыгъуазэщ, урысыбзэми хъарзынэу иропсалъэ. Адыгэ къэрал университетым филологиемкIэ и къудамэр 2004 гъэм фIы дыдэу къиухащ. Лэжьыгъэ IуэхукIэ Тыркум щыкIуэм, абы щыщ адыгэ щIалэ нэIуасэ къыхуэхъуащ, унагъуи зэдащIри, Налмэс зыфIаща хъыджэбз цIыкIур зэдагъуэтауэ хъарзынэу мэпсэу. Мы далэм Тыркум радио икIи телевиденэ нэтынхэр щагъэхьэзыр къэрал IуэхущIапIэм урысыбзэмкIэ зэдзэкIакIуэу щолажьэ.
Дадэ гу лъитащ хьэщIэхэм ящыщ зым зыгуэр жиIэну зэрыхуейр.
- ЖыIэт, си хъыджэбз цIыкIу.
- Сэ Гунай и цIэр зэхэсхащ. Ар си ныбжьэгъу Гупсэ и анэ шыпхъущ. Гупсэ и адэ-анэхэри Тыркум къикIыжащ. Ди гъунэгъуу мэпсэу. УнагъуэкIэ дызэкIэлъокIуэ.
- Сыту гуапэ сщыхъуа, си хъыджэбз цIыкIу, а жыпIар. Хэт иджыри хамэщI къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм якIэлъыкIуэр?
Иджыри цIыхуищым я Iэр къаIэтащ.
Асыхьэтым дадэр нэку-нэпс къэхъуащ, зэрыгъэпсалъэу хуежьа цIыкIухэм жаIэри зэхимыхыж хъуащ. IэпкълъэпкъкIэ ныбжьыщIэхэм яхэсми, и гум зытIэкIурэ зэрыдунейуэ къижыхьащ. ИтIанэ зыкъищIэжри, куууэ хэщэтыкIщ, и нэгур зэлъыIуихыжри, гуапагъэр зыщIэз псалъэхэри къыпищащ:
- ФызэрынасыпыфIэр фщIакIэщэрэт фэ. Фи нэхъыжьхэми хамэщIыр псэупIэ зыхуэхъуахэми апхуэдэ гухэхъуэр зищIысыр ящIакъым. Зыгуэр зыщIэхэр тепсэлъыхьыну хуитакъым. Иджы хэхэс гъащIэр зыгъэныщкIуахэр къэкIуэжыну хуит хъуащ. Дэри къэтшэжынуми дыхуитщ. Хэкум къихьэжахэмрэ абы къыщыхъуахэмрэ фызэгъунэгъущ, фызэроцIыху, фызэрогъэныбжьэгъу, ар къэгъэнауэ IыхьлыгъэкIэ зэгуэувэжахэри къыфхэтщ. Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр зэгъусэу зэдывогъэлъапIэ, махуэщIхэм деж фызохъуэхъу, фызэдогуфIэ. Ар зимыуасэ фIыгъуэ щыIэкъым.
Дадэ и псалъэм къыпищэн къудейуэ, зы щIалэ цIыкIу гуэрым и Iэр къызэриIэ-там къилъэгъуащ:
- Сыт, тIыхъужь, зыгуэр жыпIэну ухуейуэ ара?
ЩIалэм и къэтэджи и къэпсалъи зы хъуащ:
- Адыгэбзэ зымыщIэхэр адыгэ тхакIуэу къэлъытэн хуей?
- УпщIэ хъарзынэщ, тIыхъужь, къыхэплъхьар. Абы еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр иIэщ. «АдыгэбзэкIэ мытхэр адыгэ тхакIуэкъым», жызыIэхэр щыIэщ, ауэ «АдыгэбзэкIэ мытхэми, лъэпкъ гъащIэм тетхыхьмэ, адыгэ тхакIуэщ», жызыIэхэри мащIэкъым. Сэ абыхэм ещанэ еплъыкIэр къахэслъхьэнт. ЩыIэщ адыгэбзэм фIы дыдэу иримыпсалъэ, адыгэхэми яхуэмытха адыгэ тхакIуэхэр. Абыхэм ящыщщ Джэтауэхэ япхъу, МэшхуэфIхэ я нысэ Гунай.
Зы цIыхум унагъуэцIитI епхауэ дадэм щыжиIэм, цIыкIухэр зэплъыжащ. Нэхъыжьми, абы гу лъимыта нэхъей, къыпищащ:
- Адыгэ унагъуэцIитIыр зэкIэлъхьэужьу зэрыжысIар фымыгъэщIагъуэ. Ар адыгэ хабзэм щыщ Iуэхугъуэщ. Дэ дыщыпсэу щIыналъэхэм цIыхубзыр зыдэкIуа и щхьэгъусэм и унагъуэцIэмкIэ щатх. Ауэ, ипэжыпIэкIэ, цIыхубзыр дунейм тетыху и унагъуэцIэр зэрихъуэкIыркъым. КъыщеупщIкIи, зипхъури зи нысэри зэкIэлъы-кIуэу жиIэн хуейщ. Аракъэ-тIэ захуэр?! Унагъуэ зэрихьам щхьэкIэ, къэзылъхуахэр ихъуэжрэ? ИтIанэ мы зи гугъу сщIам и мызакъуэу, нэхъ жыжьи макIуэ цIыхубзым и унагъуэцIэр зэрызэблимыхъур. А щытыкIэм и хуэмэбжьымэ къилъхуахэм ятрехьэ. Гунай ипхъу цIыкIум, Налмэс, псалъэм папщIэ, пщэдей зыщыщ лъэпкъым къыщIэупщIэмэ, МэшхуэфIхэ зэрапхъур жиIэнущ, ауэ абы Джэтауэхэ зэрапхъурылъхури къыщIимыгъужу хъунукъым. Ар зыщывмыгъэгъупщэ, Iэмал иIэмэ, щэну зыхэфлъхьэ.
Дадэ къипсэлъахэр цIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэнми, и пащхьэ кърагъэува упщIэм хуигъэзэжащ.
– Джэтауэ Гунай адыгэ тхакIуэу щIэтлъытэн хуейр иджы жысIэнщ. Япэрауэ, Гунай зэрыадыгэр ибзыщIыркъым, зыдещIэж, и IэдакъэщIэкIхэм щыгъуазэ хуэхъу дэтхэнэми ар зэрыадыгэр ящIэ. Хэт къемыпсэлъылIэми, и лъапсэр Адыгэ Хэкум зэрыщыIэр, Мейкъуапэ къызэрыщыхъуар яжреIэ, ар сыт щыгъуи и псалъэ къыхохуэ. Лэжьыгъэ дахэ пэрытщи, къызыхэкIа лъэпкъым щытхъу къыхуехь.
УпщIэр къезыта щIалэ цIыкIум и плъэкIэр нэгъуэщI мэхъу. Абы гу лъызыта дадэми адэкIэ къыщIегъу:
- Гунай сэ зыхуэзгъадэр дуней псом къыщацIыху дирижерхэращ. Ар ещхьщ уэрэдусхэм, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм. Дунейпсо зэхьэзэхуэхэм деж лъэпкъ ныпыр лъагэу зыIэт адыгэ спортсменхэм. Физикэм, химием, есэпым епха щIэныгъэхэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI щIэныгъэлIхэм изолъыт ар. Мыбыхэм я ехъулIэныгъэхэр лъэпкъ Iуэхум емыпха хуэ- дэу къыпщыхъунущ. Апхуэдэу щыт пэт-ми, дэ сыт щыгъуи ди гуапэ хъуркъэ апхуэдэ цIыху цIэрыIуэхэр ди лъэпкъэгъуу щызэхэтхым, зэрыадыгэхэр къыщыхагъэщым деж?
А еплъыкIэ-бгъэдыхьэкIэр яфIэзахуэу цIыкIухэм я щхьэр щащIкIэ, дадэ адэкIэ жеIэ:
- Джэтауэ Гунай илъэс 12 къудейщ и адэжьхэм я лъахэм зэрыщыпсэуар. Ар куэд дыдэ хъуркъым. Ауэ, зэрыжысIащи, урысыбзэр фIы дыдэу зэригъэщIащ, зэдзэкIакIуэ лъэщ хъуащ. ТыркубзэкIэ япэ дыдэу зэридзэкIа тхыгъэр, Пушкин Александр «Капитаным ипхъу» зыфIищар, 2007 гъэм къыдэкIащ. Абы къыкIэлъыкIуащ тхылъ тIощIым щIигъу, зэридзэкIхэр зым нэхърэ зыр нэхъ цIэрыIуэу. Псори къезбжэкIынщ, жысIэмэ, схуэмыгъэкъаруункIи хъунщ, ауэ зыгуэр тIэкIухэр къыхэстхыкIащи, сыкъыфхуеджэнщ. ТIэкIу фыкъыдэкIуэтеймэ, а тхыгъэхэм фэри езыхэр феджэнущ. Мис Гунай зэридзэкIахэр: Гоголь Николай и «ЩымыIэжхэм я псэхэр», Тургенев Иван и «Адэхэмрэ къуэхэмрэ», Толстой Лев и «Хьэжмуратыр», Чехов Антон и Iуэтэж зэужьыр, Платонов Андрей и «Жаныр», Алексиевич Светланэ «Зауэр цIыхубз нэгукъым», нэгъуэщI куэди.
Дадэ къипсэлъ псори цIыкIухэм зэрафIэгъэщIэгъуэныр зыхещIэ, гъуджэм иплъэ хуэдэ, я нэгум къызэрищри елъагъу. И гуапэ дыдэуи погуфIыкI.
- Зы цIыхум хузэфIэкIынум и щапхъэщ Гунай и гуащIэдэкIыр, - жеIэри тхылъымпIэ кIапэр къыбгъурыс щIалэ цIыкIум ирет. - Гунай и иужьрей зэдзэкIыгъэр 2020 гъэм дунейм къытехьащ. Толстой Лев и тхылъымрэ дин лэжьакIуэ Сергий и «ШейтIан» романымрэ. Иджы девгъэгупсысыт. Гунай илъэс 12 къудейщ Мейкъуапэ зэрыдэсар. А илъэс бжыгъэм къриубыдэу зэи зэхимыха бзэр зригъэщIащ, хуеджащ. Абы къыкIэлъыкIуа илъэс 13-м къриубыдэу Гунай тхылъ 20 зэридзэкIын лъэкIащ. Дуней псом къыщацIыху урыс тхакIуэшхуэм, зи бзэрэ зи гупсысэкIэ лъэрызехьэу къалъытэхэм я тхылъ 20 тыркубзэм ирилъхьащ. Апхуэдизу псынщIэу зэридзэкI тхылъхэм я бзэр сыт хуэдэу пIэрэ, жригъэIэу гурыщхъуэ зыщIыни къыхэкIынщ. Абы и жэуапщ Джэтауэм и зэдзэкIыгъэхэм щыгъуазэ захуэзыщI, тыркубзэмкIэ IэщIагъэлI ехьэжьахэм къыхуащI пщIэмрэ Iулыджымрэ. Егъэлеяуэ лъагэу яIэт, уасэшхуэ къыхуащI. Ар плъэгъуа нэужь, гурыщхъуэ зэрыпщIам утемыукIытыхьыжынкIэ Iэмал имыIэу щытыкIэ уоувэ.
НыбжьыщIэхэр къызэредаIуэр дадэ и гуапэщи, адэкIэ къыпещэ:
- Платонов Андрей и тхылъитху зэридзэкIащ Гунай. Ахэр къыщыдэкIащ «Тхылъ дуней» жаIэу Тыркум ит тхылъ тедзапIэ нэхъ ин дыдэм. А IуэхущIапIэм Гунай и зэдзэкIыгъэхэм япэ увыпIэр къахуегъэфащэ, фIагъкIи къакIэлъыщIыхьэ куэд зэрыщымыIэри къыхегъэщ. Иджы Платоновым и цIэр къыщраIуэкIэ, Джэтауэр япэу ягу къокI, зэзыдзэкIар адыгэ бзылъхугъэрамэ, уеджэ хъунущ, жаIэу. 2020 гъэм Тыркум и зэдзэкIакIуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Халман Талат Саит и цIэкIэ зэхаша зэхьэзэхуэми Гунай и цIэр къыщраIуащ. Сергий и «ШейтIан» романыр бжьыгъуэ зэфIэхьым нэса тхылъиплIым ящыщщ.
Дадэ, нысащIэр бжэ къуагъым къызэрыкъуэплъым гу лъетэри, жеIэ:
- НыбжьыщIэхэм фи хьэлывэ Iэнэр хьэзыр хъуауэ къыщIэкIынщ, феблагъэ! ТIэкIу федзакъэ, зывгъэпсэху. ИтIанэ Джэтауэхэ япхъум и хъыбарым къыпысщэнщ.
Сабийхэр хьэщIэщым зэрыщIохри, шхапIэмкIэ макIуэ. Езы дади Гунэф хузэхищIа къэхьэуэбжьэр къещтэ, фIэемыкIуми, «макъ дахэ» пигъэIукIыурэ къэхьэуэм зэ хохъумпIэ, хьэлывэри дегъакIуэ. Тэлай дэкIауэ, цIыкIухэр хьэщIэщым къокIуэж, зэрышхари зэрытеуари я нэгу къищу. Щхьэж и тIысыпIэ мэтIысыжри, дадэ жиIэнум пэплъэу зыщагъэзэгъэж. Дади ахэр зэпигъаплъэркъым:
- Куэдрэ пщIэм уриIэзэщ, жаIэ адыгэхэм. Гунай зэдзэкIакIуэ Iэзэ дыдэ хъуащ. Абы шэч хэлъкъым. Ауэ зыгуэрым куэдрэ уелIалIэмэ, ущезэш къэхъуркъэ?! Гунай апхуэдэ зэшыгъуэ щихуэкIэ, Iуэтэжхэр етх. Апхуэдэ тхыгъипщI зэрыт тхылъ 2022 гъэм «Метис» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ.
Абдежым «ЩIыIубнэфым и гъуэгухэр» зыфIища тхылъыр дадэм къещтэри, цIыкIухэм ярет. Абыхэм тхылъыр зэпаплъыхьыху, дадэ къригъэжьа гупсысэр негъэс:
- Гунай тхылъым хуищIа фIэщыгъэр еджэхэми, литературэхутэхэми, критикхэми яфIэгъэщIэгъуэнщ. КъиIэта Iуэхугъуэхэр къизэриIуатэ щIыкIэр щIыIубнэфым ятIэр зэритхъум хуагъадэ. Тхылъым теухуауэ псэлъэгъу къыхуэхъухэми аращ къызэрырагъажьэр: щIыIубнэфым и гъуэгухэр... Хэт а псэущхьэ цIыкIур губгъуэм изылъэгъуар? Апхуэдэу жысIэ щхьэкIэ, дэнэ щыфлъагъун?! Сэ къуажэм сыкъыщыхъуа пэтрэ, зэи срихьэлIакъым. Жэр дыдэщ ар. Губгъуэм дыщихьэкIэ, щIыIубнэф гъуэмбхэм куэдыкIейуэ дарихьэлIэрт... Джэтауэм и лэжьэкIэр щIыIубнэфым ятIэр зэритхъум иригъэпщауэ аращ - къыхих псалъэр къиIуатэ гупсысэм зэрыдекIуным хущIэкъуу апхуэдэщ. Зи гугъу сщIы тхылъыр Анталие къалэм щекIуэкIа литературэ зэхьэзэхуэм хэтащ, япэ увыпIэри къыщыхуагъэфэщащ. ЦIыху куэд къызэрыщIэуп-щIэм къыхэкIыу, макъ щIэту ар дыдэр 2024 гъэм иджыри зэ къыдэкIыжащ.
Гунай зэдзэкIын Iуэхухэм зэрыдихьэ- хам теухуауэ журналистхэм ящыщ зы къыщеупщIым мыращ жиIар: «ГъащIэм Iуэхугъуэ цIыкIухэмкIэ зэдзэкIакIуэ сызэрыхъуным сыхуигъэхьэзыращ. ХамэщI къикIыжа адыгэ куэд Мейкъуапэ щопсэу. Урысыбзэ зымыщIэ ди лъэпкъэгъухэм садэIэпыкъуну куэдрэ къысхуихуащ, зыхуэныкъуэ къэрал тхылъхэр зэздзэкIыу, лъэIу тхылъхэр яхуэзгъэхьэзыру. ЦIыхур къыщымыхъуа, зэи щымыпсэуа щIыпIэ къыщихутэм деж нэхъ хьэлъэ дыдэу къытегуплIэр зыщымыгъуазэ бзэращ. Бзэр зэбгъэщIэныр Iуащхьэшхуэр сапэ-кIэ зэхэбгъэщэщэным хуэдэщ. Бзэм и закъуэкъым, атIэ дуней тетыкIэри, Iуэху еплъыкIэхэри, гурыIуэкIэри абы къыдэкIуэу зэгъэщIэн хуей мэхъу. Ара си гугъэщ зэдзэкIыным гъунэгъуу сезышэлIари».
Гунайщ япэ дыдэу тыркубзэкIэ зэзыдзэкIар Толстой Лев и «Холстомер» тхыгъэри. Абы теухуауэ къыщагъэпсалъэм, мыращ жиIар: «Зыш и тхыдэщ «Холстомер» тхыгъэм къиIуатэр. ЗэздзэкIын и пэ къихуэу шыхэм ятеухуауэ щыIэ къэхутэныгъэ гуэрхэм седжащ, ахэр зэрагъэIэсэ щIыкIэм зыщызгъэгъуэзащ. СыкъызыхэкIа лъэпкъым и дунейми гуэх имы- Iэу епха зы къэгъэщIыгъэ дахэщ шыр, абыи зыхызигъэщIащ тхыгъэр. Ар си нэхъапэ зыми зэрызэримыдзэкIам срогушхуэ, шэч хэлъкъым».
Бзэхэм ятеухуауэ къыщеупщIым, Джэтауэм жиIар мыращ: «Уи бын закъуэр фIыуэ плъагъукIэ зэфIэкIыркъым. Хэт и быни фIыуэ плъагъун хуейщ. Си адэм и ныбжьэгъухэм я гугъу къэсщIыну сы-хуейт. Тыркубзэ ямыщIэу еджапIэм кIуахэр яхэтащ абыхэм. АдыгэбзэкIэ щызэпсалъэкIэ, къащIэгубжьэрт. Апхуэдэхэр адэ-анэхэми къахэкIырт, уеблэмэ унэми быныр я анэдэлъхубзэкIэ щамыгъэпсэлъэныр къыхэзыххэри щыIэт. ЩIэныгъэ ягъуэтынымкIэ ар пэрыуэгъу хъуну къафIэщIырт. Абы къытхуихьащ ди лъэп-къым щыщ куэдым бзэр ямыщIэныр. А щытыкIэм си лъэпкъыр изыгъэувам и гухэлъхэр къехъулIами ярейщ... Ауэ бзэхэм, щэнхабзэхэм захъумэжыныр я щэнщ. ЗэрыщыIэнум, зэрыпсэунум хущIокъу... Бзэ зыбжанэ пщIэным мыхъун гуэри хэслъагъуэркъым. Куэдрэ жаIэ зы гупсысэм сэри къытезгъэзэжынщ: сыт хуэдэ бзэри хъугъуэфIыгъуэщ, дунейр гупсысэкIэр зыгъэлъэщ лъапIэныгъэщ. Си фIэщ мэхъу Тыркур абы щызекIуэ бзэхэр зыхъумэ хэгъэгу зэрыхъунур. Хъуни хуейщ».
КъызыхэкIа лъэпкъымрэ Хэкумрэ ятеухуауэ Гунай жеIэ: «Хэкум фIыуэ сымылъэгъуауэ зы IэпапIэ иIэкъым, си цIыхугъэр химыгъэхъуауэ зы цIыху искъым. Сэ сыадыгэмэ, Хэкум къыщепщэ жьыми, къыщешх уэшхми, пщыхьэщхьэ уэршэрхэми, си анэ и дзапэ уэрэдхэми, и пшынэ макъми я фIыгъэщ. Зэрысхъуэжын щыIэкъым. ЩIэныгъэ къызэзытахэм я гугъу сщIынут. Дезыгъэджахэм я зэхэщIыкI-гупсысэкIэр хышхуэм хуэдэт, и лъащIэр умылъагъуу. Литературэр фIыуэ слъа-гъун щхьэкIэ куэд дыдэ къысхалъхьащ. Хуиту гупсысэ, нахуэу псалъэ цIыхухэм ящыщт. Нобэ зыхуэдэр сщIэркъым, ауэ ар дунейм щызекIуэу зы дуней щхьэхуэт...».
Мис апхуэдэщ Гунай. Дамэ зытетыр мэлъатэ. Ди лъэпкъыр щIы хъурейм тепхъа хъуащи, зэбгрыдзауэ мэпсэу. ДымыщIэу щыIэр зы Iуэхут, тщIэн зэрыхуейр пщэрылъ зыщыщIыжыныр аращ Iуэхушхуэр. ДиIэр тлъытэныр ди хьэкъщ. Апхуэдэщ Джэтауэ Гунаи. ДэнэкIи щыпсэу адыгэр фызэрыгъуэтыж. Зэрыгъуэтыжахэр фызэфIэмыкIуэдыж. Дызэрикъухьам и тхьэмыщкIагъэри лъэпкъым къарууэ къэфщтэж.
Дадэ къэтэджыжащ. НыбжьыщIэхэри къызэщIэтэджащ. Псори щымщ. Зы къару гуэрым зэщIиубыдам ещхьщ. Дадэ фIэхъус ирихыжу и Iэ ижьыр къеIэтри, игу къызэрызэфIэзэрыхьар яримыгъэ-лъагъумэ нэхъ къищтэу, хуэмурэ хьэщIэщым щIокIыж.
Къэбэрдей адыгэбзэм хуэзыгъэкIуар
ТАБЫЩ Муратщ