|
ТебэкIэ гъэжьа мэлыл гъэгъуа
11 ноября, 2024 - 05:45
Мэлыл гъэгъуар г 50-60 хъу Iыхьэурэ зэпаупщI, къупщхьэ хэлъмэ, зэпауд, псы хуабэкIэ ятхьэщI, тебэм иралъхьэри щIигъанэу псы щIыIэ щIакIэ. Зэ къызэрытекъуалъэу, шыгъур щIихын щхьэкIэ, ар щIагъэж, псывэ щIакIэ, мафIэр цIыкIуу ешэхауэ, тебащхьэр тепIауэ дакъикъэ 40 - 45-кIэ трагъэт, псыр щIэвэщIэху. Псыр щIэвэщIа нэужь, дагъэр къыщIедзри, лыр тхъуэплъ хъуху дакъикъи 6-7-кIэ ягъажьэ, зэIащIэурэ. Абы иужькIэ бжьын упщIэта, шыбжий сыр хьэжа халъхьэри, зэIащIэурэ дакъикъи 2 - 3-кIэ трагъэт, бжьыныр жьэху.
Лы жьам псы щIыIэ щIакIэри тебащхьэр трапIэж, мафIэр ину зы дакъикъэкIэ, иужькIэ цIыкIу ящIыжри, аргуэру зы дакъикъэкIэ трагъэт. Апхуэдэу пщIымэ, лым мэ дахэ къыхех, IэфI, и фэр дахэ мэхъу.
Iэнэм щытрагъэувэкIэ теп-щэчым иралъхьэ, бжьын гъэлыбжьари шыпс хуэдэу щIэт-ри тракIэж. ПIастэ хуабэ и гъусэу пщтыру яшх.
Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): лы гъэгъуауэ - г 400, псывэ етIуанэу щIакIэр - г 720-рэ, бжьыныщхьэ укъэбзауэ - г 100, псы щIыIэу - г 100, шыбжий сыр хьэжауэ - гум пIэпихым хуэдиз.
|
|
12.06.2025 - 09:03 Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр.
|
|
|
11.06.2025 - 09:03 Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI. |
|
|
11.06.2025 - 09:03 Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыг |
|
|
10.06.2025 - 09:03 УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуахэм щытепсэлъыхьым а IэнатIэм и унафэщI Лут Оксанэ жиIащ IэщымкIэ, джэдкъазымкIэ, гъэшымкIэ хэхъуэ зэраIа |
|
|
10.06.2025 - 09:03 «Тэрч Олимп» спорт комплексым щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Ар ирагъэхьэлIат Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм. |
|