КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи ныбжьыр илъэс 90 ирикъуа Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля хуэзащ.
Зи махуэшхуэр республикэм щагъэлъапIэ усакIуэм и цIэкIэ ипэ махуэм литературэмрэ музыкэмрэ щызэIэпэгъу пшыхь дахэ зэхашащ. Абы къекIуэлIащ Зумакуловэм ехъуэхъуну щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ IэщIагъэлIхэр, гъэзэщIакIуэ, хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, цIыхубэм я лIыкIуэхэр, и зэчийм пщIэ хуэзыщIхэр.
А махуэ дыдэм Налшык Усыгъэм и лъэс лъагъуэм щекIуэкIащ Зумакуловэм и усэхэм къыщеджа зэIущIэ. УсакIуэм и махуэ лъапIэм къыщыпащащ езыр къыщалъхуа Iуащхьэмахуэ районым.
Зумакуловэ Танзиля Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Абы и усыгъэм къыщигъэлъэгъуащ хэкум и дахагъэр, балъкъэр псэукIэ хабзэмрэ лъэпкъ хьэлымрэ зыми зэремыщхьыр. Зумакуловэм и IэдакъэщIэкIхэр теухуащ гуапагъэм, цIыхугъэм, хэку фIылъагъуныгъэм, къызыхэкIа лъэпкъым. УсакIуэм и Iэзагъым къэралым и гулъытэ игъуэтащ, саугъэт куэдкIэ къыхагъэщащ.
КIуэкIуэ Казбек Зумакуловэм узыншагъэ быдэ иIэрэ и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр игъэгуфIэу иджыри илъэс куэдкIэ дунейм тетыну ехъуэхъуащ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.