Я къарур мыкIуэщIу

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ республикэм и лэжьакIуэ нэхъ пажэхэр щагъэлъэпIащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэубзыху IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зэхы­хьэр къыщызэIуихым жиIащ зи IэнатIэм ехъу­лIэныгъэ щызиIэхэр, щIыналъэм и къулеягъэм хэзыгъахъуэхэр, экономикэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, медицинэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэ­зыщIхэр сыт щыгъуи я гуапэу Парламентым зэрыщагъэлъапIэр.
- Мы зэманыр тыншкъым, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыужьыныгъэм и гъуэгум тетщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, щIыналъэм и жылагъуэ-политикэ, социально-экономикэ Iуэхухэр ефIэкIуэ­ныр псом хуэмыдэу зэлъытар республикэм шып­сэухэр зэрыарар. Дэтхэнэ зыми хэлъхьэныгъэшхуэ хувощI республикэм и зыужьыныгъэм. Нобэрей ди зэхуэсыр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэм едгъэ­щIылIащ - ЦIы­хубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм. А махуэм нэхъ лейуэ зыхыдощIэ цIыхубэр дызэкъуэту ди Хэкум и къэкIуэным дытелэжьэн зэрыхуейр. ФIы­щIэ фхузощI апхуэдэ бгъэдыхьэкIэкIэ гъащIэм фы­зэ­рыхэтым, щIыналъэм псэемыблэжу фызэры­хуэ­лажьэм папщIэ. Фи къарур мыкIуэщIу иджыри ­ехъулIэныгъэфIхэр фиIэну, бэIутIэIуншэу фыпсэуну сынывохъуэхъу! – жиIащ Егоровэм.
КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъ иратащ УФ-м и Лъэпкъ гвардием и дзэхэм я федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Копейкинэ Татьянэ, «Александровская» агрофирмэм и унафэщI Мэкъуауэ Мыхьэмэт, ­КъБР-м Пенсэмрэ социальнэ страхованэмкIэ и фондым и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Бацэ Маринэ, КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпы­къуныгъэмкIэ и министерствэм къэрал IэнатIэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и къудамэм и Iэ­щIа­гъэлI-эксперт нэхъыщхьэ Киринэ Маринэ, КъБКъУ-м и медицинэ колледжым и егъэджакIуэ Крапивинэ Еленэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр иратащ Налшык къалэм и клиникэ сымаджэщ №1-м, Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжым, КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIы­гъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм я лэжьа­кIуэхэм, нэгъуэщIхэми.
Зэхыхьэм КъБР-м и Парламентым и депутатхэми дамыгъэ лъапIэхэр щратыжащ. Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и ЩIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ ЛIэужь Адэлбийрэ (республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и зэхуэсыгъуиплIым я депутат, Тэрч налмэс заводым и унафэщI) Апажэ Аслъэнрэ (КъБР-м и Парламентым и VI зэхуэсыгъуэм и депутат, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректор).
Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ­Фе­дерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр иратащ КъБР-м и Парламентым и зэхуэсыгъуищым я депутат, БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI АфэщIа­гъуэ Михаилрэ КъБР-м и Парламентым и зэхуэсыгъуищым я депутатКъэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэрэ.
Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ­ФедерацэмкIэ и Советым и Аппаратым и Унафэ­щIым и ФIыщIэ тхылъыр къыхуагъэфэщащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэм и дэIэпыкъуэгъу Шыгъушэ Зауррэ хабзэубзыху IуэхущIапIэм и Аппаратым и къудамэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Бажэ Заремэрэ. 
Урысей Федерацэм и сенаторым и фIыщIэ тхыгъэр иратащ КъБР-м и Парламентым и зэхуэсы­гъуитхум и депутат, КПРФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и комитетым и япэ секретарь Пащты Борис.
КъищынэмыщIауэ, жылагъуэ, псапэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ, Налшык къалэ округым и ЩIыхь тхылъ хуагъэфэщащ депутатхэу Байдаев Сэлихь (КъБР-м и Парламентым и зэхуэсы­гъуитIым я депутат, ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэ), Вындыжь Чэрим (КъБР-м и Парламентым и зэхуэсыгъуитIым я депутат, «Авант-Алко» ООО-м и унафэщI), Есэнкъул Ахь­мэд ­(КъБР-м и Парламентым и зэхуэсыгъуитIым я депутат, Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэ­щIэ­тынымкIэ комитетым и унафэщIым и къуэ­дзэ) сымэ.
КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр иратащ КъБР-м и Парламентыр финансхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и управленэм и IэщIагъэлI пажэ Ульбашевэ Iэминат.
Егоровэ Татьянэ псоми ехъуэхъуащ, я гуащIэм адэ­кIи хагъэхъуэну, узыншагъэ быдэ яIэну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.