Бжьыхьэ хуабэр зэранщ

ЩIыуэпсым лей хэткъым, псори зэпэшэчауэ, убзыхуауэ къокIуэкI. Ауэ щыIэщ гъатхэм зыщигъэгуви, бжьыхьэм зыщиIэжьи, щIымахуэр щыуэсынши, гъэмахуэ хуабэм цIыху щиукIи. Иджыпсту дызэрыт гъэм и зэманыр къапщтэмэ, бжьыхьэр зыфIэфIыр нэхъыбэщ, гъэмахуэ жьэражьэм иужькIэ псэ тыншыгъуэ къахуехьри. Ауэ щIэныгъэлIхэм жаIэ бжьыхьэ хуабэр нэхъ зэраныжу зэрыщытыр.

- Iэпкълъэпкъым игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм ятепщIыхьмэ, бжьыхьэм нэхъ чэзу хьэлъэ яхэткъым илъэсым и зэманхэм. Сыту жыпIэмэ, махуэр кIэщI мэхъури, дыгъэпсри мащIэущ цIыхум къызэрылъэIэсыр. Дызэрыщыгъуазэщи, витамин D жыхуэтIэр дыгъэпсырщ къызыпыкIри, ар къытлъымысмэ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къохъей, цIыхум ишх кальцийр и пкъым имызагъэу ирелъэсыкIыж, къарууншэ мэхъу, уз зэрыцIалэхэр псынщIэ дыдэу къеубыд. Абы и закъуэкъым… Къэблагъэ щIыIэмрэ бжьыхьэ дыгъэпс хуабэмрэ зоныкъуэкъури, атмосферэм къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр давленэми йоныкъуэкъу. Зэм дэкIуейуэ, зэми ежэхыжурэ цIыхум и узыншагъэм «ириджэгу» давленэм къегъэхъей гу, лъынтхуэ, псантхуэ узыфэхэр. Уеблэмэ узыншагъэ быдэр зи напщIэм телъхэри къегъэдзыхэ абы: щхьэузыр къефыкIрей мэхъу, псынщIэу йош, къару имыIэу, зыхуэмыIэту щытщ, - жеIэ «Гемотест» лабораторэм и дохутыр Иванов Роман.

КъызэрыщIэкIымкIэ, бжьыхьэм узыфэ зэрыцIалэ зэмылIэужьыгъуэхэр къохъей. Дунейр хуабэмэ, ахэр нэхъыфIыххэу мэбагъуэ, хьэуар гъущэмэ – нэхъ псынщIэу цIыхум деж нехьэс, и щыгъыным нэхъыбэрэ тесщ. КъищынэмыщIауэ, зэрызыпхуэпэнур умыщIэу укъегъапцIэ дыгъэпсым. Нобэ хуабэ хъунущ жыпIэу, тэмэму зумыхуапэу унэм укъыщIэкIмэ, дунейм напIэзыпIэм зыкъызэридзэкIыу уэлбанэ хъужынри хэлъщ. Е, щIыIэщ жыпIэу, цыджанэ Iув щыптIагъэмэ, хуабэ хъужынурэ укъэпщIэнтIэнущ. Сымаджэ ухъунущ тIум щыгъуэми. Дауи, балигъым зыгуэрурэ зэхуигъэкIуэнщ а Iуэхугъуэр, ауэ сабийм хузэхэгъэкIынукъым дунейм и техьэгъуэхэр. Аращ бжьыхьэм деж сабийхэм уз зэрыцIалэхэр къапкърыхьэурэ куэд дыдэ сымаджэ щIэхъур.

Иджыри зы Iуэхугъуэ: бжьыхьэ хуабэм деж аллергиер къохъей. ПщIащэ пылъэлъыжахэр кIэщIу зэщIэщтыхьатэмэ, апхуэдэ ныкъусаныгъэ къапыкIынутэкъым, ауэ хуэм-хуэмурэ гъууэ зэтелъ тхьэмпэхэм дыгъэ къыщытепсэкIэ я зэхуакухэр догъуэтыкI, ар жьым ирехьэжьэжри, цIыхум аллергие кърет, астмэмрэ уз зэмылIэужьыгъуэхэмрэ къегъэхъей, иммунитетыр ирегъэхуэх. Бжьыхьэ щхьэ узыр пхузэтеIыгъэнущ, пыIэ хуабэ щыптIагъэкIэрэ, дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ. Псантхуэхэм щIыIэ хыхьэурэ щхьэр игъэузу аращ. КъищынэмыщIауэ, цIыхур жейкIэ ирикъун хуейщ. Сыту жыпIэмэ, ущыжейм дежщ Iэпкълъэпкъыр нэхъ ерыщу узыфэхэм щезауэр.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.07.2025 - 09:03

Заремэ и фэилъхьэгъуэхэр ягъэлъагъуэ

Налшык къалэм нэчыхьхэр щрагъэтх и Уардэунэм щагъэлъэгъуащ дизайнер Дудар Заремэ и IэдакъэщIэкI фэилъхьэгъуэхэр.

19.07.2025 - 09:03

Къыдэхьэхыпхъэщ нэгъуэщIым ямыIэхэмкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэщIащ «Российский центр оборота прав на результаты творческой деятельности» (РЦИС) урысейпсо жылагъуэ-къэрал IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэр.

18.07.2025 - 09:03

НыбжьыщIэхэр дихьэхат

«Зыгъэпсэхугъуэр Урысей гвардием щIыгъуу» Iуэхум республикэм щыпащэ. 

17.07.2025 - 15:59

Нурхьэлий фэеплъ къыхузэIуах

Къулъкъужын Ипщэм и курыт еджапIэ №2-м пэкIу щекIуэкIащ, ар къэзыуха, дзэ Iуэху хэхам лIыхъужьу хэкIуэда Гугъуэт Нурхьэлий и щыхькIэ.

17.07.2025 - 09:40

Анэдэлъхубзэр зыгъэбзэрабзэхэр

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэща «Сыринэ» щIалэгъуалэ театрым и унафэщI Гугъуэ­-тыж Ахьмэд зи пашэ гупым къе­жьапIэ яхуэхъуамрэ я мурад­хэмрэ тедгъэпсэ­лъы­хьащ.