ЛIыгъэ щIапIэр ящремыгъупщэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хабзэхъумэ органхэм ящыщ зауэлIхэм Шэджэм райо­ным щызэрахьа лIыгъэм и щIыхькIэ ягъэува фэеплъыр къыщызэIуаха дауэдапщэм. 

Фэеплъыр къыщызэIуахым, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ совет сэлэтхэм я ­лIыгъэр цIыхухэм я гум къинэным мыхьэ­нэшхуэ зэриIэр. «Ди адэшхуэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ я пщIыхьэпIи къыхэхуакъым мы къэралым и бынхэу езыхэм я къуэхэмрэ я ­къуэрылъхухэмрэ щIэрыщIэу нацизмэмрэ фашизмэмрэ пэщIэувэжын хуей хъуну. Ди щIалэхэр нобэ зы унагъуэм къикIа зэкъуэш­хэм хуэдэу Урысейм и къэкIуэнум къыщ­хьэ­щыжу мэзауэ. Шэч къытесхьэркъым Те­кIуэныгъэ махуэр  къызэрысынум.  ИугъащIэ Хэкур зыхъумахэм!»
Фэеплъ дауэдапщэм хэтащ УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и Уп­равленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэм и унафэщI Бачурин Сергей, УФСБ-м КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Громушкин Пётр, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ  министру щыIэ Крючков Вячеслав, щIыпIэ самоуправленэхэм я унафэщIхэр, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм и лэжьа-кIуэ гупыр. ХьэщIэ лъапIэу зэIущIэм кърагъэблэгъащ илъэс 98-рэ зи ныбжь, Хэку зауэшхуэм и ветеран Караганов Николай Ва­силий и къуэр. 
1942 гъэм и фокIадэм щегъэжьауэ, совет сэлэтхэр хахуэу япэщIэтащ Кавказ къурш-хэм зыщызыудыгъуа фашист зэрыпхъуа­кIуэхэм. ЩэкIуэгъуэм Орджоникидзе дэт дзэ училищэм и курсант 60-м, Коломин Г., Калашин С. офицерхэм я унафэ щIэту, бийм и машинэ чырэр зэтракъутэри, фашист лъэсыдзэм щыщу сэлэти 100 яукIауэ щытащ. Къалэн къыщащIар ягъэзэщIат абыхэм икIи зэрахьа лIыгъэр Армэ Плъыжьым Кавказыр хуит ищIыжыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэ­хъуащ. 
Фэеплъ блыныр ягъэувыныр я жэрдэмщ УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерст­вэм и Управленэ Нэхъыщхьэу КИФЩI-м щы­Iэм и къулыкъущIэхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ. Ахэ­ращ фэеплъым удз гъэгъахэр тезылъхьэу  зауэм хэкIуэда нэхъыжьхэм щыму дакъикъэкIэ яхуэщыгъуар. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек полицэм и генерал-полковник Бачурин Сергей фIыщIэ хуищIащ Хэку зауэшхуэм и фэеп­лъыр Къэбэрдей-Балъкъэрым ща­гъэувы­ныр ягу къызэрыкIам папщIэ, щIыналъэм гулъытэ зыхуащIыпхъэ щIыпIэ цIэрыIуэу итхэр цIыхухэм ящымыгъуп­щэжын хуэдэу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.06.2025 - 09:18

Бгылъэ гъунапкъэхэр яхъумэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терскол щригъэблэгъащ УФ-м зы­хъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, Урысейм и ЛIыхъужь Евкуров Юнус-Бэч Бэмэтджэрий и къуэр.

16.06.2025 - 09:11

Фащэр щыптIэгъамэ, хьэл-щэнкIи удекIупхъэщ

Тэрч районым и «Дуней» къэфакIуэ гупыр иджыблагъэ пашэ щыхъуащ Москва щекIуэкIа «Союз талантов России» XXXI дунейпсо зэ­хьэ­зэхуэм.

16.06.2025 - 09:11

Гулъытэ гуапэ

КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм, ныкъуэдыкъуэхэм защIэзыгъакъуэ «Надежда» Къэ­бэрдей-Балъкъэр жылагъуэ IуэхущIапIэр и гъусэу мэкъуауэгъуэм и 9-м ирагъэкIуэкIащ я узы

16.06.2025 - 09:10

Мырзэкъан Азэмэт Америкэми щытокIуэ

«UFC 316» зэхьэзэхуэм хыхьэ зэIущIэу США-м и Нью-Джерси штатым щыIэ Ньюарк къалэм щекIуэкIам щытекIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ зэуакIуэ лъэщ Мырзэкъан Азэмэт. 

15.06.2025 - 16:51

Сосрыкъуэрэ Хумайрэ зэдожьу

БлэкIа махуэ зыбжанэм Интернетыр къигъэпсэлъащ уэрэджыIакIуэ цIэ­рыIуэ Билан Димэ яхэту, «Ай йола» ­башкир уэрэджыIакIуэ гупым ягъэ­зэщIа «Хумай» уэрэдым.