ЖыгыщIэхэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым губгъуэ лэжьыгъэхэр щыувыIэркъым. Мы махуэхэм пхъэщхьэмыщхьэ жы­гы­щIэхэмрэ мэракIуэ лIэу­жьыгъуэхэмрэ жыджэру хасэ. ИджыпстукIэ ахэр щы­хагъэзэгъащ гектар 300-м нэблагъэм.

Дызэрыт илъэсым зэ­рыщIидзэрэ пхъэ­щхьэмы­щхьэ жыгыщIэхэмрэ мэ­ракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ ирагъэубыдащ гектар 650-рэ, гъатхэм ахэр зыхаса гектар 350-р хэту. ЖыгыщIэхэр псори Iуву зэкIэщIэсауэ къагъэхъухэм хуэдэщ. Мы илъэ­сым иджыри гектар 700-м нэблагъэм ахэр щыхащIэну мурад щыIэщ. 
Къыхэдгъэщынщи, Iуву зэкIэщIэса, пIалъэ кIэщIым къриубыдэу пхъэщхьэ­мы­щхьэ къэзыт жыгхэр хэ­сэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым щыпэрыт щIыналъищым яхэтщ.
Республикэм и жыг хадэгъэкIхэм нэхъыбэу къагъэсэбэпыр ткIуэпс-ткIуэпсурэ псыр зэрыщIагъэлъадэ системэхэрщ. НобэкIэ ап­хуэдэ Iэмалым гектар мин 17-м щIигъу къызэщIрагъэубыдащ. 

БЭБЭЧ  Бэчыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг