Бэкъанрэ Ныбэджейрэ - Натхъуэдж хэгъэгут![]() «АтIэкIум» цIэр зэрехьэ хы ФIыцIэм пэгъунэгъу мэзылъэ бгыщхьэхэм къыщежьэ Бэкъан (цIыхухъуцIэщ), Ныбэджей (кIахэ адыгэхэм я бзэкIэ «бгъэжь лъыиф, хьэщхьэрыIуэ» жыхуиIэщ) псы цIыкIуитIыр щызэхэлъэдэжым деж къыщыщIидзэ тIуащIэм. Адагум (АтIэкIум) цIэр кIэрыпщIащ абдежым пэмыжыжьэу щыс жылэми. Псым километр 66-рэ и кIыхьагъщ. Адыгэ Республикэм щыпсэуа, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Мерэтыкъуэ Къасым щIыпIэцIэхэм ятриухуа «Адыгейский топонимический словарь» и тхылъ купщIафIэм щыхьэт зэрыщытехъуэмкIэ, шапсыгъ адыгэхэм Iущхьэ къэкIыгъэм щхьэкIэ «атIэкIум» псалъэр къагъэсэбэпу щытащ. Ауэ щыхъукIи (Мерэтыкъуэм зэригъэувымкIэ), ищхьэкIэ зи гугъу тщIа пситIым, зэхэлъэдэжа иужькIэ, къагъэщIам зэреджэри а жыIэкIэм къытехъукIагъэнущ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|