Лэжьыгъэм щытепсэлъыхьащ

КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и зи чэзу зэIущIэ екIуэкIащ.

КъулыкъущIапIэм и унафэщI Сунш Ануарбий зи пашэ гупым хэтхэр тепсэлъыхьащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету гъэ екIуэкIым и мази 8-м къриубыдэу республикэм щызэфIагъэкIамрэ щIыналъэм гъуэгу хозяйствэмкIэ и фондым къыхэкIыу автомобиль зекIуапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным трагъэкIуэдар зыхуэдизымрэ.

А щIыкIэм тету зэрагъэпэщыжащ Налшык къалэ округым и уэрами 8-р (псори зэхэту километри 9 зи кIыхьагъыр), щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгу 15-р (псори зэхэту километр 45-рэ зи кIыхьагъыр).

«Къуажэхэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иту республикэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль зекIуапIэу 8-р мы зэманым зэрагъэпэщыж (псори зэхэту километр 6,8-рэ зи кIыхьагъыр).   

КъБР-м гъуэгу хозяйствэмкIэ и щIыналъэ фондым къыхэкIыу районхэм хуаутIыщ ахъшэмкIэ щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ машинэ зекIуапIэу 24-р къагъэщIэрэщIэж.     

Зэхыхьэм апхуэдэуи щытепсэлъыхьащ КъБР-м и экономикэм и зы Iыхьэу къалъытэ гъуэгу-транспорт къудамэмрэ «Республикэ шынагъуэншэ» аппарат-программэ комплексымрэ щIыналъэм дяпэкIи зэрызыщаужьыным ехьэлIауэ щыIэ хэкIыпIэхэр зыхуэдэм.   

КъинэмыщIауэ, зэIущIэм гулъытэ хэха щыхуащIащ шынагъуэншагъэм тещIыхьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым автомобиль зекIуапIэхэр нэхъри щегъэфIэкIуэнымкIэ къэгъэсэбэпыпхъэ Iэмалхэр зыхуэдэм.

Гъуэгухэр зэгъэзэхуэжыным теухуа программэм ипкъ иту гъэ къэс хэгъэгум щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэщ: щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ машинэ зекIуапIэхэр жэщкIэрэ къэзыгъэнэху уэздыгъэхэр лъэныкъуитIымкIи зэрыщыпадзэр, зыкъэгъэшыпIэхэр зэрыIуащIэр, зэблэжыпIэхэм дамыгъэхэр зэрытрадзэр, Т.7-нэ светофорхэр щагъэув лъэс зэпрыкIыпIэхэр зэрыщыпхашыр.

Республикэм щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ и гъуэгухэр зэрыт щытыкIэр зыхуэдэр къэзыпщытэ гупыр щрагъэжьэну махуэри зэIущIэм щагъэбелджылащ.

  КЪАНКЪУЛ Зазий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.03.2026 - 12:00

НэхъыфIхэр ягъэпажэ

 Кикбоксинг

13.03.2026 - 09:03

Лъэхъэнэм и цIыхут

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ, «Гум и макъ» клубым и унафэщI Безыр Ленэ зэхыхьэ къызэригъэпэщащ адыгэ усакIуэ, драматург, Хэку зауэшхуэ

12.03.2026 - 09:19

Анэшхуэхэм я зэпеуэ

«Бахъсэн щIыналъэм и анэшхуэ нэхъыфI дыдэ» зи фIэщыгъэ зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэн Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) иджыблагъэ щекIуэкIащ.

12.03.2026 - 09:18

Гулъытэ гуапэ

«Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ идж

12.03.2026 - 09:18

Гъатхэм дэщIэрэщIэну

ЩIалэгъуалэм я унэм щагъэлъэпIащ Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэр. Зэхыхьэ гуапэр къызэригъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым.