Ди шууейхэр псоми ятокIуэ

Километр 500 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр шыхэмкIэ зэпычынымкIэ махуитху зэхьэзэхуэ Къэзахъстаным иджыблагъэ щекIуэкIащ. Шыгъажэм хэтащ Урысей Федерацэм, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Венгрием, Тыркум, ЮАР-м, Ираным я командэ 17.
УФ-м и щIыхьыр яхъумэу абы щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууей гуп икIи, гъуэгу къапэщылъар зэпычыным, япэм зэи къэмыхъуауэ, зэман нэхъ мащIэ дыдэ трагъэкIуадэри, зэхьэзэхуэм щытекIуащ. Ди республикэм и шууейхэм километр 500 зи кIыхьагъ гъуэгуанэм сыхьэт 27-рэ дакъикъэ 58-рэ секунд 23-рэ трагъэкIуэдауэ аращ: зы сыхьэтым ику иту километр 17,87-рэ къакIуащ. 
Шууейхэм ипэжыпIэкIэ зэпача гъуэгуанэм и кIыхьагъыр километр 508,7-рэ зэрыхъуар къэплъытэмэ, зы сыхьэтым ику иту километр 18,18-рэ абыхэм къызэранэкIащ. Адрей илъэсхэм мыбы щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм зы сыхьэтым къриубыдэу километр 16 нэхърэ нэхъыбэ шууейхэм яхузэпычатэкъым. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууейхэу чемпион хъуахэщ Чумаковэ Ксение, Вахитовэ Алинэ, Елизарковэ Марие, Даниленкэ Маргаритэ, Кривоносов Илья сымэ. Абыхэм я тренерыр Махуэ Iэхьедщ.
«Си гумрэ си псэмрэ къабгъэдэкIыу я текIуэныгъэ дахэмкIэ сохъуэхъу зэхьэзэхуэм щытекIуа ди шууейхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ. Узыншагъэ быдэ яIэну, насыпыр я Iэпэгъуу ехъулIэныгъэ инхэр куэдрэ иджыри зэIэрагъэхьэну си гуапэщ!» - захуигъэзащ абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2026 - 09:18

ПэхуэщIэхэр, туризмэр, транспортыр...

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэ­­­дей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хэтхэм я зэIущIэ.

20.04.2026 - 09:14

IэщIагъэм гуапагъэ хелъхьэ

Балэгъы Лианэ Къулъкъужын Ипщэ къуа­жэм щыщщ.

19.04.2026 - 09:03

Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу

Налшык и Музыкэ школ №2-м мэлыжьыхьым и 13-м фэ­еплъ концерт щекIуэкIащ.

19.04.2026 - 09:03

Лианэ и IэрыкIхэр

IэкIэ ягъэхьэзыр, лъэпкъ дамыгъэхэм щыщ зыхаухуанэ фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм иужьрей зэманым зэрыхэхъуэр ди нэгу щIокI.

18.04.2026 - 09:03

Тхьэмадэм и щIыхькIэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-мрэ ДАХ-мрэ я вице-президент, «Адыгэ псалъэ»  газетым и унафэщIу   илъэс 24-кIэ щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс  80 зэрырикъуам иращIэкIа щIэ­ныгъэ-п