Адэ-анэхэм я зэхуэс![]() Илъэс къэс, 2014 гъэм щегъэжьауэ, Адэ-анэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэмрэ Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкI «Адэ-анэхэм я урысейпсо зэхуэс» зэIущIэр. Абы хэтхэм Iэмал яIэщ адэ-анэхэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм, абыхэм я гупсысэхэм щIэдэIуну, егъэджэныгъэм ехьэлIауэ къэралым щылажьэ пэхуэщIэхэмрэ программэхэмрэ я фIагъыр къагъэлъэгъуэну, ныкъусаныгъэхэр сэтей къащIыну, УФ-м ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм ахэр и пащхьэ иралъхьэну, егъэджэныгъэ IэнатIэм щIэуэ къыхыха Iуэхугъуэхэмрэ абыхэм адэкIэ зэрызаужьынумрэ тепсэлъыхьыну. Адэ-анэхэм я дежкIэ мыхьэнэ зиIэщ курыт еджапIэхэм щIэс я сабийхэм ятеухуауэ школхэм нобэ къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм зыщагъэгъуэзэныр. «Адэ-анэхэм я урысейпсо зэхуэс» зэIущIэм щIидзэнущ фокIадэм и 11-м сыхьэт 12-м. Ар щекIуэкIынущ Мэзкуу къалэм щыIэ «Урысейр нобэ» медиагруппэм и пресс-центрым. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|