Школхэр зэрыхьэзырыр къапщытэ

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм къапщытэ школхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырыр. Республикэм апхуэдэ Iуэхум щыхеубыдэ школ 400-м щIигъу.

МЧС-м и лэжьакIуэхэр щыIащ Налшык къалэм дэт школ №8-м. Абы и администрацэм псалъэмакъ щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ икIи чэнджэщхэр иратащ мафIэсым зыщыхъумэным, гъэ еджэгъуэщIэм IуэхущIапIэр хуэхьэзырыным ехьэлIауэ. Гулъытэ хэха хуащIащ щIэкIыпIэхэр мардэхэм къызэритIасэм,   мафIэсыр гъэункIыфIыным хуэщIа Iэмэпсымэхэм я щытыкIэм, апхэдэуи псыкIэ къызэрызэгъэпэщам.   Къапщытащ унэм и щытыкIэр мафIэс шынагъуэншагъэм къигъэувхэм зэризагъэр. Апхуэдэуи яутIыпщащ мафIэс къэхъу хъужыкъуэмэ цIыхухэм хъыбар зэрыIэрагъэхьэ системэхэр. МафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным кIэлъыплъынымкIэ къэрал инспекторхэм зрагъэлъэгъуахэм кърикIуэу акт ятхри, ар зыIэрыхьапхъэм иратащ.

ФокIадэм ирагъэкIуэкIынущ республикэм и курыт еджапIэхэм щIэсхэм мафIэсым зыщыхъумэнымкIэ я щIэныгъэм нэхъри зрагъэубгъуным ехьэлIа Iуэхухэр.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.06.2026 - 10:01

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

08.06.2026 - 09:33

Лъэпкъхэр зэрызэгурыIуэ Iэмал гъуэзэджэ

Шыд Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Иннэщ) урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр щIэблэм я унэтIакIуэ нэсщ.

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр.