МыIэрысэм и процент 25-р

 Урысей Федерацэм и цIыхухэр пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу зрикъунум и зэхуэдитIырщ нобэкIэ къэралым къыщрахьэлIэжыр. Ауэ абыхэм я куэдагъым илъэс къэс къыхохъуэ, псом хуэмыдэу, мыIэрысэм, кхъужьым, хьэиуэм, абыхэм нэмыщI, купкъ зэрылъ нэгъуэщI пхъэщхьэмыщхьэхэми.

«Ди щIыналъэхэм къыщагъэкIа пхъэщхьэмыщхьэхэмкIэ, мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмкIэ ди цIыхухэр къызэгъэпэща зэрыхъур процент 50-кIэщ. Хамэ къэралхэм кърашхэр гъэмэщIа щIэмыхъум я зэран хэлъщ, бананхэр, апельсинхэр, ди деж къыщымыкI нэгъуэщI пхьэщхьэмыщхьэ «телъыджэхэм» хуэдэхэр зыфIэфI щэхуакIуэхэр ди деж зэрымымащIэр.

Ауэ, дауэ мыхъуми, ди щIыпIэхэм къыщагъэхъуахэр нэхъ IэфIщ, гуакIуэщ икIи къэуати ящIэлъщ. Абыхэм я фIагъми шэч къытумыхьэми хъунущ. Аращи, ди щIыналъэм къыщагъэкIа пхэщхьэмыщхьэхэм я куэдагъым къызэрыхигъэхъуэным яужь ит зэпытщ къэралым и мэкъумэш IэнатIэр», - жиIащ иджыблагъэ «Урысеймэкъумэшбанк»-м мэкъумэш IэнатIэхэмкIэ и аналитик нэхъыщхьэ Дальнов Андрей. 

         УФ-м СтатистикэмкIэ и къэрал управленэм къызэритамкIэ, мыIэрысэу, кхъужьу, хьэиуэу псори зэхэту нэгъабэ кърахьэлIэжащ тонн мелуани 2,89-рэ. 2022 гъэм ар зэрыхъуар мелуани 2,87-рэщ. А IуэхущIапIэм зэхигъэува рейтингым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, пхъэщхьэмыщхьэу къэралым къыщыпачыжам и процент 25-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщагъэкIащ. Ди республикэм къыкIэлъокIуэ Краснодар крайр – процент 17 иIэу, ещанэр Кърымырщ – проценти 6 къигъэлъэгъуауэ. АдэкIэ къокIуэ Дагъыстаныр (проценти 4), Воронеж областыр (проценти 4), Ставрополь крайр  (проценти 3), Липецк областыр (проценти 3), Мэзкуу областыр (проценти 3), Белгород областыр (проценти 2).

         Росстатым къита хъыбарымкIэ, мыIэрысэу, кхъужьу, хьэиуэу кърахьэлIэжым я нэхъыбэр зэщIэзыкъуэжыр мэкъумэш IуэхущIапIэ инхэрщ. 2023 гъэм псори зэхэту къыпачыжам и процент 53-р абыхэм къалъос, унагъуэхэм – процент 38-р, фермер IуэхущIапIэхэм – проценти 9-р.

         Зы гектарым хуэзэу мыIэрысэу, кхъужьу, хьэиуэу къыпачыжым и куэдагъымкIи япэ итщ мэкъумэш IуэхущIапIэхэр. Зы гектарым хуэзэу центнер 239-рэ абыхэм кърахьэлIэжащ, фермерхэм - центнер 219-рэ, унагъуэхэм – центнери 132-рэ.

         Аналитикхэм къызэралъытэмкIэ, хамэ къэралхэм къраш пхъэщхьэмыщхьэхэр дыдейхэмкIэ нэхъ псынщIэу зэхъуэкIа хъун папщIэ жыг хадэ гъэкIыным ехьэлIауэ щыIэ иджырей  технологиехэм жыджэру зегъэужьын, Iуву зэкIэщIэса жыгыщIэхэм хуэдэхэр нэхъыбэу хэсэн хуейщ.

Къэбгъэлъагъуэмэ, «Урысеймэкъумэшбанкым» мэкъумэшыщIэхэм ядиIыгъщ жыг хадэ гъэкIынри, пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр ухуэнри. Банкым и мылъку зыхэлъ пэхуэщIэ нэхъ инхэм яхэтщ Краснодар крайм щыIэ «Ипщэ щIыхэр» IуэхущIапIэм и жыг хадэ гъэтIысыныр. Абы ирагъэубыдащ щIыуэ гектар 727-рэ, пхъэщхьэмыщхьэу тонн мин 20 къыщIэкIыу. Апхуэдэуи абы щаухуащ сом меларди 5,5-рэ зыхухаха пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэр.

 Тонн мини 5,3-рэ зыщIэхуэ пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIи Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыблагъэ хьэзыр щащIащ.  Пхъэщхьэмыщхьэ, мэракIуэ лIэужьыгъуэхэр гъэкIыным пэрыт IэнатIэхэм къэралым зыщегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ псори зэхэту сом мелард 22-м нэблагъэ банкым яритащ абыхэм.

ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIащи, 2024 гъэм и накъыгъэ мазэм пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэмрэ мэракIуэхэмрэ къеуауэ щыта щIыIэм и зэран куэдым екIащ. Къапщтэмэ, ар егуэуат псори зэхэту гектар мин 13,5-рэ хъу жыг хадэм. Абы къыхъэкIыуи, къэралым мыIэрысэу къыщыпачыжыну мы гъэм зыхуагъэувыжа къалэным – тонн мелуан 1,8-р -  ягъэмэщIэн хуей хъуащ тонн мелуан 1,5-м нэсыхукIэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2023 гъэм мыIэрысэу къыпачыжащ псори зэхэту тонн мелуан I,7-рэ.

         ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2025 - 09:03

Анэшхуэм и къэрабэ

Уэсыр зэрытекIыу щIым къыхэкI къэрабэгъуэжь цIыкIур бжьыхьэр къэсу дунейр щIыIэтыIэ хъуху къогъагъэ. Абы махуэм хуэзэу и фэр тIэу ехъуэж.

13.06.2025 - 09:03

АдэкIи зэрызиужьынум хущIэкъунущ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пщIэр нэхъ лъагэу щиIэтащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу 100-м я фIагъыр къэзыхута RAEX зи фIэщыгъэ къэралпсо пщалъэм.

12.06.2025 - 09:03

ГуфIэгъуэ дауэдапщэ

Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм  щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр. 

11.06.2025 - 09:03

ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI.

11.06.2025 - 09:03

IэщIагъэмрэ щыIэныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыг