Ипщэ щIыналъэм и лэгъупыкъу

Пятигорск дэт «Урысей - си тхыдэ» музей-гъэлъэгъуэныгъэ IуэхущIапIэм къыщызэIуахащ «Ипщэ щIыналъэм и лэгъупыкъу» лъэпкъыбэ художественнэ выставкэр. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Урысейм и художникхэм я зэгухьэныгъэм Пятигорск щиIэ къудамэмрэ.

Щэнхабзэ зэхыхьэшхуэм екIуалIэхэм Iэмал яIэщ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм щыщ художникхэм я зэфIэкIхэмрэ иджырей сурэтыщI гъуазджэм и фIагъымрэ зыхагъэгъуэзэну. Лэжьыгъэхэм щыболъагъу щIыуэпсым и къулеигъэ псори: бгыхэр, губгъуэхэр, псыкъелъэхэр, псыежэххэр, тенджызхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэм кърашэх жыгхэр. Абы щыболъагъу Урысей Ипщэм и гъуазджэм и ехъулIэныгъэхэр. Художник цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, выставкэм хагъэхьащ зэфIэкI зиIэ сурэтыщI щIалэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэри.
УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ жиIащ Пятигорск щекIуэкI выставкэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу Пак Галинэрэ Софиерэ, Дзэгъэл Iэуес, Иванниковэ Ольгэ, Алдонин Сергей зэрыкIуар. Ар щIэщыгъуэ икIи гъэщIэгъуэн хъуащ. Урысейм и щIына-лъэ куэдым щыщ художникхэр зэрыцIыхуну, зэпсэлъэну, я Iэзагъхэм-кIэ зэхъуэжэну Iэмал яIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, выставкэм хагъэхьа лэжьыгъэ 250-м щыщу 17-р Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщIхэм ейщ.
Выставкэм щызэхуахьэсащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм Дагъыстэн, Къэбэрдей-Балъкъэр, Шэшэн, Къэрэшей-Шэрджэс, Осе-тие Ищхъэрэ-Алание, Кърым республикэхэм, Волгоград, Пятигорск, Кисловодск, Краснодар, Дон Iус Ростов, Ставрополь, Таганрог къалэхэм щиIэ къудамэхэм хэт сурэтыщIхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэр. Гъэлъэгъуэныгъэр фокIадэм и 5 пщIондэ зэхэтынущ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.07.2026 - 15:59

Тыншу икIи дахэу

«ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «ТыншыпIэм хуэщIа къалэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым ­хыхьэ ПсыкIэху къуажэм и цIыху зэхуэ­сыпIэ­хэр сыт и лъэн

14.07.2026 - 09:02

Москварэ Налшыкрэ я зэпыщIэныгъэр

«Налшык и курорт щIыпIэм щыIэ «Ан­тарес» сабий егъэджэныгъэ центрыр щIэблэм я щIэныгъэм, гъэсэныгъэм щыхагъахъуэ, апхуэдэуи зыщагъэпсэху IуэхущIапIэщ.

14.07.2026 - 08:57

Удэзыхьэхщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэр

ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэ­рырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Ар ирихьэ­лIащ ЦIыхубэ IэщIагъэ­хэм я урысейпсо махуэм.

13.07.2026 - 10:01

Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

12.07.2026 - 09:03

Хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.