Топджэгу цIыкIухэр зэпоуэ

«Кубок Наследия» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ футболымкIэ сабийхэм, 2017 гъэм къалъхуахэм, я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я лIыкIуэхэу КъБР-м и Прохладнэ къалэм и «Энергетик», Ставрополь крайм и «Спартак», Дагъыстэным и «Победа», Осетие Ищхъэрэ - Аланием и «Алания KIDS», Псыхуабэ къалэм и «Юниор», КъБР-м и «Iуащхьэмахуэ» командэхэр.

Налшык къалэм Iэпщэ Александр и цIэр зэрихьэу дэт спорт еджапIэм и «Iуащхьэмахуэм» и топджэгу цIыкIухэм зэхьэзэхуэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Финалым и Iыхьэ ныкъуэм абыхэм къащыпэщIэтащ Хасавюрт къалэм и «Победа»-р икIи мыбдежым хьэщIэхэр нэхъ лъэщу къыщIэкIащ. 
Ещанэ увыпIэм щхьэкIэ ди командэр хуэзащ Псыхуабэ къалэм и «Юниор»-м икIи ар абы къыфIихьащ, апхуэдэ щIыкIэкIи домбеякъ медалыр зыIэрагъэхьащ. Командэм и тренерыр Кульбаев Маратщ.
Зэхьэзэхуэм къыхэжаныкIа ныбжьыщIэ цIыкIухэм саугъэт щхьэхуэхэр иратащ. Топджэгу нэхъыфIу къалъытащ Гузоев Дамир, гъуащхьэтет нэхъыфIыр Хажилиев Эмирщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.