БИСМЫЛЭХЬИ

ГъукIэлI Исуф (Юрэ) Цацым и къуэр и нэхъыбэм зэрацIыхуу щытар тележурналист Iэзэу къызэрекIуэкIарщ. АтIэми, абы и къалэмым къыщIэкIащ сабийхэм яхуэгъэза, гумащIагъэрэ IэфIыгъэкIэ гъэнщIа рассказхэри. Апхуэдэхэм ящыщщ, «Шы лъэмакъ» зыфIища и тхылъым къитхыжауэ, мыбдежым къыщытхьри. 
 
ЩыцIыкIум цIэ лей зимыIа щIагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым.
Сэри, зым къыщымынэу, дзы зыбжани цIэ лей Iэджи сиIащ, ауэ псом хуэмыдэу зы, «Бисмылэхьир», гукъынэж сщыхъуащ. Ар си ныбжьэгъу щIалэ цIыкIухэм щыжаIэкIэ, апхуэдэу сфIэIуэхутэкъым. Абы зыгуэрурэ укъелынт. Си псэм схудэмыгъахуэр хъыджэбз цIыкIухэм я ауанырт. 
Ахэр къытхыхьэртэкъым. Иджы хуэдэу псори ди зэхуэдэу дыкъэхъуакъым дэ. Ахэр бжыхь гъунэм Iуту, я щхьэр къамыIэту щыкIуэкIэ, си гугъу зэращIыр къасщIэрти сыкъэуIэбжьырт. Абыи зыгуэрурэ сыкъелынт, ауэ сызыхьыпэр а гупым «сытеплъэ мыхъуу» зы хъыджэбз фIыцIэ цIыкIу яхэтти… мис арат. 
Ар си лъэныкъуэмкIэ къаплъэртэкъым, схуэдэу «къыстеплъэ мыхъуу» арагъэнт. Сыкъилъэгъуамэ, и щхьэ щIэгуар нэхъри ирихьэхырти, зэхэуэрт и нэгур. ГуфIэми, зэуэ щигъэтырти, игъащIэм дыхьэшхауэ умыщIэну сабырыжырт. Мис апхуэдэхэм дежт сэ мафIэ къыщысщIэнэр...
Гъэмахуэ пщыхьэщхьэт. Iэщ къыдыхьэжым я зэщIэбууэ макъымрэ гуарцэ Iугъуэ мащIэм и мэ IэфIымрэ ди щхьэр игъэунэзауэ, Уэзрокъуэ джабэ зыкъедгъэукIуриехырт. Абдежрат джэгупIэу хьэблэ сабийм диIэр.
ДыщыцIыкIум джэгукIэ гъэщIэгъуэн куэд щыIащ: цыжь топ, гъуэрыгъуапщкIуэ, хьэримолэ, хъуромэ, шыкъызэдзых… Дзы «бзаджэр» къыщысфIащар хьэримолэ дыджэгуа иужькIэт. 
ДжэгукIэ къэс «къызэрелэу» зыдгуэшырт. Къызэрелэр – джэгум хэтитI IуокI, зэрогъэIущ-зэгуроIуэри, цIэ зырыз зыфIащ, гупитIым тхьэмадитI яIэщи, ахэр гъуэрыгъуэурэ къызэрелэхэм яходэ. Iэ ижьхэр адрейм и дамэм телъу, «зэныбжьэгъуу» зэрыубыдахэр тхьэмадэм къыбгъэдохьэри жаIэ:
- Нэхъыжь, къедэ-недэ?
- СыткIэ уейдэрэ?
- Хыврэ хакIуэрэ.
- ХакIуэр сысейщ.
- Нэхъыжь, къедэ-нейдэ?
- СыткIэ уейдэрэ?
- Сэшхуэрэ фочрэ. 
- Къащтэ фочыр. 
Апхуэдэу, нэфI-ней хэмылъу, псори къызэрела нэужь, гупитIу заугуэшырти, джэгун щIадзэрт. 
ДжэгукIэ псори щызэхэдублэр Уэзрокъуэ Iуащхьэ и щыгурт. Абы и хъуреягъкIэ мэракIуэ куэд къыщыкIырт, щхъуантIагъэ дахэт. Езы Уэзрокъуэ Iуащхьэ и щыгум, мэракIуэ дэнэ къэна, зы удз щхъуантIи къибгъуэтэжынутэкъым. Дыщызэбэнри дыщыхьэкъувыкъури абдежрати, лъэгуажьэпэрэ ныбафэкIэ джафэ тщIауэ, сабэр къилъэлъырт.
Дыкъызэрелэщ, гупитIу зыдгуэшри, хьэримолэм щIэддзащ. Си ныбжьэгъу Мажидрэ сэрэ дызыхэхуар къэзылъыхъуэ гупыр арати, хьэримолэр къитшу, мо, щIым пхыхуам ещхьу, быдэу зызыгъэпщкIуа гупыр къытхуэмыгъуэту куэдрэ дылъыхъуащ: гъунэгъу гуэщи, джэдэщи, хьэщпакъи, мэкъупIэхэри… щIэдмыщыкIар укIуэдыж. Сытми ахэр псори къэдгъуэту зыгъэпщкIугъуэр дэ къыщытлъысым, кIыфI дыдэ хъуат.
Ди нанэ нартыху щигъэпIэнкI шыуан абрагъуэм ещхьу, вагъуэр изу зэрыт уафэ фIыцIэшхуэр къытщхьэщыIубат. Апхуэдизу вагъуэр изти, имыхуэжу, нартыху къэпIэнкIхэр шыуаным къызэрелъэм хуэдэу, къещэщэхырт. А вагъуэхэр дэ къыттехуэн ди гугъэу дыгузавэ щхьэкIэ, зы вагъуэ закъуи къытлъэмыIэсу, аддэ жыжьэу КъафэпIэжьым и пщэдыкъым, ВыщхьэфIэкI и шытхым тощащэ жыпIэу, щыкIуэдыжырт. 
Ди гупым фIыуэ зыдгъэпщкIуат: хэт жыг Iувым, хэт пабжьэ кIырым, хэти пыжь банэм хэпщхьэри – бзэхат. Мажидрэ сэрэ ятIагъуэ мащэм щхьэщыт удзым дыпхрыпщри дыгъуэлъащ. Си ныбжьэгъур шыпсыранэ бзаджэм зэхисхьащи, «дэгуу жыпIати» жеIэри, мэгъумэтIымэ, и лъакъуэхэм йотIэхъу.
ДыкъыхэкIыжыну кIасэ хъуат – зыдгъэхъеймэ, дыкъамыщIапIэ иIэтэкъыми, дилыпщIами, «Iым» жыдмыIэу дошэч. Джэгуэгъухэм дыкъамыгъуэту дыкъалъыхъуащ. Шыпсыранэм хэт ныхэпщхьэнт? Абы дыхэсурэ, псалъэмакъхэри, «уэ хьэримолэ!» кIий-гуори нэхъ кIащхъэ хъужри, икIэм зыри зэхэдмыхыжыххэу псори зэщIэсабырыжри, дунейр щым хъужащ. Дыкъагъуэтыным ди гугъэр хэтхыжри, дыкъещхьэукъуэхыу щIэддзащ.
Къызбрун лъапэ псыхъуэр хуримыкъуу хъущIэу ежэх Бахъсэныжь гъэмахуэ жэщ уэмым и даущыр зэ къыщIэIукIыу, зэми хэкIуэдэжу абы сыдихьэхри, си тхьэкIумитIыр IэгукIэ Iузыубыдауэ, а «щыщ-щыщым» зы макъамэ гуэрхэр къизгъэкIыу, зыкъомрэ абыкIэ си щхьэр тезгъэужу сыщылъащ. А сэ къэзгъэунэхуа джэгукIэ хьэлэмэтыр Мажид езгъэщIэну соджэри – дэнэт, соуIури – щымщ, мэжей. 
Бахъсэныжь и пшыналъэ дахэм сызэщIепхъуатэри уафэм сыдрехьей, сыкърехьэхыжри, хъыринэу сыщIеупскIэ, уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум, хьэуам къауцыр зэрызэрихьэм хуэдэу, сыкъыщрехьэкI. Лъагэ дыдэу сеIэтри, абдеж хуит сыкъещIри сеутIыпщыж. Бгъэшхуэм хуэдэу сыхуарзэу къыздэслъэтыхьым, сыкъеплъыхмэ, удз гъэгъа къещыпри мэкъупIэ дахэм си тхьэIухудыр, си хъыджэбз фIыцIэ цIыкIур, щызолъагъу.
Асыхьэту си укIытэхагъэри лIыгъэншагъэри дэнэ кIуэжа? Бгъэшэм хуэдэу зыкъызодзых, си пщащэ дахэр къызопхъуатэри, маIуэ-мэлъей, уэгум сохьэж. ЩIылъэм щызекIуэхэр цIыкIу дыдэу фIэкIа сымылъагъуу зыщысIэтым, «кIуркIунау, кIуркIунау!..» - джэ макъыр зэхызохри сыкъызэщоу, си тхьэIухудри мэбзэхыж. Мо пабжьэ кIыфIым сыкъызэрыщыхутар къызгурымыIуауэ, щэхуу «бисмылахьи» жызоIэ. Ар ди нанэ «гузэвэгъуэ уихуэмэ, шейтIанхэм уагъэшынауэ аращи, бисмылэхьи зэрыжыпIэу кIуэдыжынущ», жиIэри сигъэщIат. Ар сигу къэкIыжауэ къысIуролъэлъ, кIуэ пэтми зезгъэIэту.
Мажид къызогъэушри, къэзгъэщтауэ къызэфIоувэ. Къэтэджауэ щыслъагъум, сыкъэгуфIэжауэ зызодз. Мажид къощтэри, сэр нэхърэ нэхъ псынщIэжу, «бисмылэхьир» къибжу хуожьэ, «аманту» щIигъужауэ. Иджы дызэрыгъэщтэжауэ, тIури дызэпеуэу докIий…
МащIэрэ апхуэдэу дыщыта. Дызэрыгъэмэхащи, къару диIэжкъым. Ди лъакъуэхэр щIэщIэу дыздэщытым, «кIуркIунау, кIуркIунау!..» макъышхуэр къызэхыдох. Ар жэщ бзут – кIуркIунаут, а ди псэр Iузыхар. Ари ди кIий макъым къигъэщтащи, и щхьэ гъурыр ирехьэжьэжри мэлъэтэж. 
Сэ насып сиIатэмэ, ди жылэм зи бзэр нэхъ зыхуэумыбыдыж угъурсыз гуэрым сыхуэзэнтэкъым. Жэм лъыхъуэ къежьауэ къыдихьэлIэри, абы къуажэм сахихьащ…
Арати, «Бисмылэхьи» сыхъуащ.  
Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2026 - 09:18

ПэхуэщIэхэр, туризмэр, транспортыр...

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэ­­­дей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хэтхэм я зэIущIэ.

20.04.2026 - 09:14

IэщIагъэм гуапагъэ хелъхьэ

Балэгъы Лианэ Къулъкъужын Ипщэ къуа­жэм щыщщ.

19.04.2026 - 09:03

Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу

Налшык и Музыкэ школ №2-м мэлыжьыхьым и 13-м фэ­еплъ концерт щекIуэкIащ.

19.04.2026 - 09:03

Лианэ и IэрыкIхэр

IэкIэ ягъэхьэзыр, лъэпкъ дамыгъэхэм щыщ зыхаухуанэ фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм иужьрей зэманым зэрыхэхъуэр ди нэгу щIокI.

18.04.2026 - 09:03

Тхьэмадэм и щIыхькIэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-мрэ ДАХ-мрэ я вице-президент, «Адыгэ псалъэ»  газетым и унафэщIу   илъэс 24-кIэ щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс  80 зэрырикъуам иращIэкIа щIэ­ныгъэ-п