Налшык щыхэплъэжащ «Унагъуэ зэкъуэтыр гъащIэм ехъулIэ унагъуэщ» къалэ зэпеуэм кърикIуахэм. Абы и унэтIыныгъэхэм я зым и лауреат хъуащ Къэзаншхэ я унагъуэр.
Къэзанш Жанетэ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и канцелярием и унафэщIу мэлажьэ илъэсым щIигъуауэ. Аращ Унагъуэм и илъэсым тещIыхьауэ ирагъэкIуэкI зэхьэзэхуэм хэтыну и адэ-анэр тезыгъэгушхуар. Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэщ Налшык къалэм щыIэ ЦIыхубзхэм я советыр.
Къэзаншхэ Хьэсэнрэ Нинэрэ быниплI яIэщ. Унагъуэм и тхьэмадэм мыIэрысей хадэ зэре-хьэ, анэр адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэщ. Я пхъум и жэрдэмыр абыхэм даIыгъащ икIи хущIегъуэжакъым. Ахэр хэтащ «Жылагъуэм хуэлэжьэн» Iыхьэм.
Зэпеуэм хэтхэм утыку кърахьащ унагъуэ хабзэхэр, творческэ номерхэр ягъэлъэгъуащ, тепсэлъыхьащ дэзыхьэххэм, илъэс куэдкIэ лъагъуныгъэмрэ зызэхэщIыкIынымрэ хъумэныр къазэрехъулIэм.
«Унагъуэ зэкъуэтыр гъащIэм ехъулIэ унагъуэщ» зэхьэзэхуэм щынэхъыфIу къалъытахэр къыщыхахащ Балъкъэр театрым. Гулъытэ игъуэтащ Къэзаншхэ я унагъуэми. Абы къратащ дипломрэ кубокрэ.
УАРДЭ Жантинэ.