Налшык къалэм и уэрам нэхъыщхьэу щытар, куэдым зэращIэжщи, Къэбэрдей уэрамырщ.
Степной уэрамыр (иджы Лениным и цIэр зезыхьэр) нэхъыщхьэ ящIыным теухуа унафэр блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм къащтат. Абы и щхьэусыгъуэр ар Головком и уэрамым нэхърэ нэхъ лъагэу, хадэхэм фIэкIа имыIэу щIыIэнэщI жыхуаIэм хуэдэу зэрыщытырт. Архитекторхэм хуиту уэрамыщIэр яухуэфыну Iэмал ягъуэтат…
Апхуэдэу Хэку зауэшхуэм и пэ, Степной, Театральнэ уэрамхэм я зэблэкIыпIэм ухуэныгъэшхуэ къыщыхутат - КъБАССР-м и ЦИК-рат ар. Парт лэжьакIуэхэм я унэм IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым зыщIагъэзэгъат, республикэм иджырей и министерствэхэм хуэдэхэр щIэсу. Унэр ди нобэм къэсакъым, зауэм и илъэсхэм ар якъутауэ щытащ икIи зэфIагъэувэжакъым. Абы ирихьэлIэу ухуэн щIадзагъэхэт Советхэм я унэри (архитекторхэр Маслих С. А., Вахтангов С.Е. сымэщ). Ар и кIэм нагъэсат 1956 гъэм. Абы республикэм и Iуэхухэр къызэзыгъэпэщ IэнатIэ псори щIагъэтIысхьащ. ЦIыхубэм «Унэ хужь» зыфIаща а IуэхущIапIэм (КъБР-м и Правительствэм и унэ хъуам) и мыхьэнэр нобэ дощIэ. Апхуэдиз илъэсым ухуэныгъэм зэхъуэкIыныгъэу иIар зы закъуэщ - унащхьэм тет чэщанэ цIыкIум макъ къэзыгъэIу сыхьэтыр къызэрыщыунэхуарщ.
Сыт-тIэ Къэбэрдей уэрамым и натIэ хъуар?! Зэгуэр нэхъ къулей дыдэхэм я унэхэр тету, тыкуэн нэхъ лъапIэхэр щылажьэу, щIыналъэм и щыхьэрым щыпсэухэми и хьэщIэхэми я гъащIэр «къыщекIэрэхъуэкIыу» щыта Къэбэрдей уэрамым и пщIэр ехуэхакъым, абы ди нобэм тхыдэмрэ иджырей зэманымрэ щызэподжэж. ЗэрытщIэжщи, илъэс зыхыбл и пэ абы и щIэдзапIэм щегъэжьауэ - КIыщокъуэмрэ (Совет уэраму щытар) Нэгумэмрэ (Пощт) я уэрам зэхуакур къиубыду - зэрагъэпэщыжри, лъэсу ущызекIуэу ящIащ. Къалэ унафэщIхэм гулъытэ хэха хуащIащ, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ унэхэм я теплъэм емыIусэу, ахэр зыхуей зэрыхуагъэзэнум.
Иджыпсту республикэм щыпсэухэм абдеж зэрызыщагъэпсэхум и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIхэри абы заплъыхьыну макIуэ. Мы зэманым къалэ унафэщIхэм я мурадщ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ а щIыпIэр иджыри ирагъэфIэкIуэну. Нэхъыщхьэращи, къалэну зыхуагъэувыжхэм ящыщщ Лермонтовым и уэрамым нэс зыгъэпсэхуакIуэхэм лъэсу заплъыхьурэ кIуэцIрыкIыну. Апхуэдэу абыхэм зы гъуэгуанэкIэ зрагъэлъагъуфынущ «Победа» кинотеатрыр, НыбжьыщIэхэм я театрыр, Сэралъп Мадинэ и унэ-музейр, «Псэ жыг» фэеплъымрэ Щхьэхуитыныгъэм и жыг хадэмрэ. Иужьрейр мы зэманым «Къалэ зэIузэпэщ» программэм хыхьэу зыхуей хуагъазэ.
- ЗэгурыIуэныгъэ зэтщIылIам ипкъ иткIэ, мы жыг хадэм и лъагъуэхэм плиткэ иралъхьэнущ, уэздыгъэхэр щызэрахъуэкIынущ, тIысыпIэщIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ ягъэувынущ, - жеIэ Налшык администрацэм гъуэгу IэнатIэмрэ щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Хьэмыз Арсен.
А лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, къалэм зезыгъэужь «Платформа» IуэхущIапIэм и архитекторхэм лъэпкъ дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ къыщыгъэсэбэпа дизайн щIэщыгъуэ зэхагъэуващи, сату IуэхущIапIэхэмрэ нэгъуэщIхэмрэ ятетха тхыгъэхэм дяпэкIэ зихъуэжынущ, щхъуантIагъэхэр нэхъыбэ ящIынущ, пхъэкIэ зэпкъралъхьа, узыкIуэцIрыплъ ухуэныгъэхэр ягъэувынущ (Къэбэрдей уэрамым и лъэс лъагъуэм жьауапIэ зэримыIэм къыхэкI гугъуехь щымыIэжын папщIэ). ЗыгъэпсэхуакIуэхэм нарт эпосым и лIыхъужьхэр ирагъэцIыхунущ, зекIуапIэм и кIыхьагъкIэ абыхэм ятеухуа хъыбархэр зытет арт-ухуэныгъэхэр тетынущи.
- Ди щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм яфIэфIщ Къэбэрдей уэрамым, Нэгумэм къыщыщIэдзауэ Лермонтовым нэс кIуэцIрыкIыну. Си гугъэмкIэ, абы и зы щхьэусыгъуэр абдеж ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ ди жыг хадэ цIэрыIуэм къызэрыщыщIидзэрщ. Ауэ дэ дыхуейщ зыгъэпсэхупIэм иджыри нэмыс щIыкIэ, къалэр абыхэм зрагъэцIыхуурэ, ди тхыдэм зыщагъэгъуазэурэ кIуэну. Дауэ хъуми, куэдым ящIэркъым Къэбэрдей уэрамыр тхыдэм щыхьэт техъуэ куэдкIэ зэрыбейр, - жеIэ «Платформа» IуэхущIапIэм и унафэщI Шыхъуэстэн Оксанэ.
Шэч хэмылъу, иужьрей илъэсхэм Налшык игъуэта зыужьыныгъэр нэрылъагъущ. Абы дэщIыгъууи гуапэщ тхыдэр хъума зэрыхъуным щIыналъэ унафэщIхэр зэрелIалIэр.
БАГЪЭТЫР Луизэ.