Урыс географие обществэм хэтхэмрэ дунеяплъэм дихьэххэмрэ зэгъусэу Шэджэм щIыналъэм къыщызэIуахащ туристхэм я гъуэгуанэщIэ.
Гъуэгуанэр тыншхэм ящыщтэкъым - ахэр бгым кIэрыту зы километркIэ дэкIащ, уеблэмэ а Iуэхум хуэщIа Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпын хуей хъууэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм хабжэ Шэджэм щIыналъэм щыпхаша а гъуэгур зыгъэунэхуа япэ гупым хэтахэм я нэкIэ зрагъэлъэгъуащ а щIыпIэм и щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэ псори: жыг лIэужьыгъуэхэр, удз гъэгъахэр, удзыпцIэ щIыпIэхэр.
Лъагэу зызыIэт лъагъуэм урикIуэным гугъуехь щхьэхуэхэр пыщIат: языныкъуэхэм деж узыпхымыкIыф щIыпIэхэр езыхэм я IэкIэ ягъэкъэбзащ, дяпэкIэ абы ирикIуэнухэм къащыпсынщIэн хуэдэу, гъуэгугъэлъагъуэхэри тращIащ. Я пашэ, альпинизмэмкIэ федерацэм и вице-президент Гумаев Борис гупым хэтхэр щигъэгъуэзащ пхаш гъуэгущIэм теухуауэ ящIапхъэхэм. Гъуэгу тетхэр сыт хуэдизу гугъу ехьами, бгы щыгум нэсу, я пащхьэм къыщызэIуиха дахагъэм дэрэжэ-гъуэ къыхахыну, щыгум тет жыгышхуэхэм я лъабжьэ жьауэм щIэтIысхьэу зыщагъэпсэхужыну хунэсахэщ.
Япэ щыгум ихьэным сыхьэтитIым нэс текIуэдащ, къехыжыныр, дауи, нэхъ тыншт, апхуэдиз зэмани ихьакъым. Псом ящхьэращи, пхаша лъагъуэр турист нэхъыбэм къызэрагъэсэбэпынум шэч къытрахьэркъым.
ШЭРЭДЖ Дисэ.