БЖЬЭ ЗЫДЭСЫМ ФО ДЕЩIЭ

Бжьэ гъэхъуныр пасэу къежьа IэщIагъэхэм ящыщу къалъытэ. Нобэ абы дуней псом зыщиубгъуащ. Сыт хуэдэ къэралми бжьэ гъэхъуным гулъытэ хэха щыхуащIу, ар ирагъэфIакIуэ зэпыту, абы и зыужьыныгъэм гуащIэшхуэрэ мылъкушхуэрэ ирахьэлIэу къогъуэгурыкIуэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, нэхъапэм щымыIа бжьэ лъэпкъыфI зыбжанэ ди зэманым къагъэхъуащ. Апхуэдэхэм фIагъ лъагэ зиIэ фо нэхъыби ящIыф хъуащ, бжьахъуэхэм куэдкIэ нэхъ фейдэ къахуихьу. Ди лъэпкъ тхыдэм ар къызэрыхэщыжым тетхыхьащ КъБКъУ-м и магистратурэм щеджэ Хьэщэ Мухьэмэд.

«Лъэпкъ тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэхэми ижь-ижьыж лъандэрэ бжьэ ягъэхъуу къогъуэгурыкIуэ. Абы и щыхьэтщ пасэрей адыгэбзэм къыщыхъуа псалъэхэу ди зэманым къэса мыпхуэдэ терминхэр: бжьэ (пчела), бжьэ матэ (улей), бжьапцIэ (трутень), бжьахъуэ (пчеловод), бжьаIуэ (пасека), бжьэпщ (пчелиная матка), нэгъуэщIхэри. КъищынэмыщIауэ, а псэущхьэ цIыкIум, абы ищI фом теухуа псалъэжьхэри лъэпкъым къыдокIуэкI. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ мыхэр: бжьэ зэмыдзэкъам фом и уасэр ищIэркъым; бжьэ зезыхуэр хум елэжьым и Iыхьэгъущ; бжьэ зыдэсым фо дещIэ; бжьэ матэ зи куэдым и жьантIэ дегъэувэ, фор IэфI дыдэщ - зигу иримыхьым ишхыркъым; бжьэ уиIэмэ, щунэфыр зищIысыр пщIэнщ; бжьэм фо здэщыIэр ещIэ; бжьэр уэмэ, мэлIэж; фо нэхърэ жей нэхъ IэфIщ; фом тхъу хэплъхьэкIэ зэIигъэхьэркъым; фор зэкIэщIэж нэхърэ банэр зэфIренэ; фо зезыхьэ и Iэпэ йобзей.
Адыгэхэм фом хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхащIыкIыу, шхынхэр ирагъэIэфIу къекIуэкIащ. Си тхыгъэм адэкIэ къыщезбжэкIынщ адыгэхэм фом къыхащIыкIыу щыта шхыныгъуэхэр:
ЗэкIэрыс – IэфIыкIэ лIэужьыгъуэ: джэдыкIэрыпщ тхьэвыр цIыкIу-цIыкIуу упщIэтауэ дагъэкIэ ягъажьэри, фокIэ зэрыгъэубыдауэ хьэлыуэм хуэдэу Iэнэм траубэ, иужькIэ IупщIэ-IупщIэу зэпагъэжыж.
 Мэрэмэжьей - ху курыбэмрэ фомрэ къыхэщIыкIа адыгэ фадэ пIащIэ.
Фэн – гуащӀагъышхуэ зимыӀэ, гъавэ IуахыжагъащIэмрэ фо цIынэмрэ къыхащӀыкӀ фадэ лӀэужьыгъуэ. Фэныр езыр лIэужьыгъуитIу щыIэжщ: фэныху, фэныплъ.
Фо махъсымэ - фокIэ зэхэщIа, гъэIэфIа фадэ пIащIэ (махъсымэ жэбза).
Фоупс – фокIэ зэхэщIа псы.
Фоурыпщ - фокIэ е фоупскIэ пща хупцIынэ (тхьэвым) къыхэщIыкIа адыгэ шхыныгъуэ.
Фошатэ – форэ шатэрэ зэхэлъу адыгэхэм ягъэхьэзыру щыта шхыныгъуэ.
ФоIумыл – фо е фошыгъу гъэткӀуа гъэжа ӀэфӀыкӀэ. ФоӀумыл кӀэнфет. 
Хуламэ – хугу гъэлыгъуар гъэвауэ форэ тхъукӀэ зэхэщӀэжауэ ящӀу щыта адыгэ шхын.
Фомырамысэ – мырамысэ мышыур адыгэ Iэнэм тIуалэ и Iувагъыу траубэ, ягъэдииж, фомылыр зэхуэдэу трацIэлъри, IупщIэ-IупщIэу яубзытэж.
Фошхуз – чыщмыщ е пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуа псывэкIэ гъэбэгыжа зыхэлъ шхуз, фокIэ зэIыхыжауэ. ГъэфIэн шхыныгъуэу зэрахьэрт.
Фокхъужь – кхъужьыр мыхъупауэ, тIэкIу гуащIэр щIэту, укъэбзарэ упщIэтэжауэ фом хэлъу щагъэта шхыныгъуэ.
КхъужьпIастэ – кхъужь гъэгъуа хьэжыжар фокIэ зэIыхауэ. ЦIыкIухэр джэдынэ мыхъун папщIэ щIымахуэм, гъатхэпэм ирагъэшхырт.
ШхупIастэлъалъэ – зэкIэрыщэщу гъэва хугу къыхэкъузыкIыжар, шхурэ/шатэпсрэ фокIэ зэIыхауэ.
ЩIакхъуэзэтеупIэщIыкI/щIакхъуэшыхь – Форыпщ хупцIынэр хъурей пIащIэу яху, тебэм иралъхьэурэ и щIыIум тхъу щахуэ. Апхуэдэу, зыр зым тралъхьэжурэ и IупщIакIэхэр IэпэкIэ зэтрашхэжри (ерэ ягъэджэрэз, яшыхьыжри) ягъажьэ.
Кхъужьхьэлывэ – тхьэвыр пщагъэ хэлъуи хэмылъуи ягъэхьэзыр, ауэ ӀэфӀын хуейщ. Хьэлывэм далъхьэ кхъужь гъэгъуа хьэжыгъэрэ форэ зэхэлъу. Ар быдэу зэхэпщауэ щытын хуейщ. Ягъажьэ дагъэ къэплъа зэрыт шыуанкӀэ. Ӏэнэм пщтыруи щӀыӀэуи трагъэувэ».

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2025 - 15:59

Гъэ блэкIам кърикIуар

2024 гъэм къриубыдэу, республикэм и цIыхухэм газ зэрырикIуэ бжьамийхэм зыпащIэнымкIэ «Газпром межрегионгаз Нальчик» ООО-м лъэIу тхылъу 3752-рэ Iэрагъэхьащ.

23.01.2025 - 09:03

ГъащIэщIэм и хъумакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Перинатальнэ центрым иджыблагъэ къыщрагъэлащ мылъхуэсу дунейм къыщытехьа сабий цIыкIуитI.

23.01.2025 - 09:03

ХьэщIагъэрэ гуапагъэрэ кIэлъызэрахьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэзахъстанымрэ кикбоксингымкIэ я спортсменхэм я еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэс Налшык къалэм щекIуэкIащ.

23.01.2025 - 09:03

Ставрополь къалэр къапоплъэ

Спорт хъыбархэр

22.01.2025 - 15:02

Къуажэдэсхэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэ

«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щаухуэнущ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэщIэхэр.