|
ЗАУЭМ ЗДИХЬА САБИИГЪУЭ
9 июля, 2024 - 06:41
«Зауэм и бынхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэу КъБР-м щыIэм хэкупсэ Iуэхугъуэхэр мэкъуауэгъуэм и 6-м къыщегъэжьауэ бадзэуэгъуэм и 6 пщIондэ ди щIыналъэм щригъэкIуэкIащ.
ЗэIущIэрэ зэхыхьэу къызэрагъэпэщам язт Шэджэм районым хыхьэ Звезднэ жылэм щекIуэкIар. Абы хэтащ «Зауэм и бынхэр» зэгухьэныгъэм, КПРФ-м и къудамэу ди республикэм щыIэм я лIыкIуэхэр, жылэдэсхэр, щIалэгъуалэр.
Къуажэ цIыкIум дэт дзэ частым и пщIантIэм дыщыдыхьам, нэхъыжьыфIхэр лъэныкъуэкIэ зэрыщысым зэуэ гу лъыттащ. КъызэрыджаIамкIэ, ахэр дзэм къулыкъу щезыхьэкIахэрат.
Урысей Лъэпкъ гвардием и къудамэу КъБР-м щыIэм и оркестрым хэтхэр уардэу еувэкIауэ къыщытт нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ.
«Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Къанэмэт Замир утыкум къихьащ.
- Хэку зауэшхуэр зи нэгу щIэкIа, зи сабиигъуэр зауэм хиубыда нэхъыжьхэр щIэблэм IудгъащIэу, ди тхыдэм и пэжыпIэм яхутедгъэпсэлъыхьын, мамыр гъащIэм папщIэ зи псэ емыблэжахэм я фэеплъ нэхур хъума зэрыхъуным, фашизмэм къихь тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр захегъэщIэным тедухуат къыхэтлъхьа мы Iуэхур, - жиIащ Къанэмэтым.
Дзэ оркестрым хэтхэм Хэкум, Урысейм, ТекIуэныгъэм теухуа уэрэд куэд ягъэзэщIащ, къекIуэлIахэм я нэпс къригъакIуэу.
- Мы Iуэхур едгъэкIуэкIын ипэ, Звёзднэ жылэм сыкъакIуэри щIыпIэ администрацэм и унафэщIыр ди мурадхэм щызгъэгъуэзат. ЩIэблэм дзэм хэтхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэр ящIыным теухуауэ дяпэкIи лэжьыгъэ едгъэкIуэкIыну ди мурадщ, - къыхигъэщащ «Зауэм и бынхэр» зэгухьэныгъэм Шэджэм районым щиIэ и къудамэм и тхьэмадэ Уэрыш Мушэриф.
«Зауэм и бынхэр» псалъэхэр зытегъэуа медалхэр зрата нэхъыжьыфIхэм яхэтащ дзэм къулыкъу щезыхьэкIауэ ди щIыналъэм къыщынэжахэри.
ЗэIущIэр и кIэм щынэблагъэм, Звёзднэ жылэм и администрацэм и унафэщI Селиховэ Ольгэ хьэщIэхэми а къуажэм щыщу къекIуэлIахэми фIыщIэ ин зэрахуищIыр къыхигъэщащ.
- Си фIэщ мэхъу ди сабийхэм нобэ я нэгу щIэкIам гъащIэм къащыхуэщхьэпэн дерс къызэрыхахынури екIуэкIар я гум къызэринэнури. Зи Iуэху къэзыгъанэу, «зи сабиигъуэр зауэм хиубыда ди нэхъыжьыфIхэр дгъэлъэпIэнщ» жызыIэу къекIуэлIа дэтхэнэми фIыщIэ лей фхузощI, - жиIащ Селиховэм.
Уи Хэкум, ущалъхуа лъахэм пэпщI хъун зэрыщымыIэр, ар хъумэн зэрыхуейр щIэблэм егъэщIэнымкIэ щхьэпэщ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр.
КЪАНКЪУЛ КIулиц.
|
|
30.04.2025 - 13:57 Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым - и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей – Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ. |
|
|
30.04.2025 - 09:29 «Акрополь» хьэщIэщым щызэхуащIыжащ илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхум и зи чэзу Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 12:25 «Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл |
|